Мис апхуэдэщ лъагъуныгъэр

Автор - Римма Давыдова

Исполнители: Хусен Шалов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1.

Лъагъуныгъэр гу хэлъ дахэщ, фӏыуэ плъагъур псом нэхъ дахэщ.

Зэщӏогъагъэр дунейр гъатхэу, укъегъанэр уи гур махэу.

Псы ӏэрышэу дэнкӏи уешэр, ухуэмейми гур мэушэр.

Бжьым бжуджалэу сыныпхуешэр. Мис апхуэдэщ лъагъуныгъэр

2.

Уӏуплъамэ нэгум пшэплъу, къызэщӏонэ гур къигъэплъу.

Жэщи махуи уи гур хэплъэу, укъегъанэр, хуейм, жэщхэплъэу.

Пхуэмыхьыжу урехьэжьэр, ухуэмейми гур ирегъажьэр.

Уи гъунэгъур пфӏощӏыр жыжьэу. Мис апхуэдэщ лъагъуныгъэр.

Пхъэцӏычыр къыптелъалъэу, пшынэбзэр зэрыщэщу,

Къыздэфэ, си дахащэ уей. Уи нэгур мэщӏэращӏэ,

Утыкур сфӏощӏыр мащӏэ. Си дахэм сещӏ гу мащӏэ уей.

3.

Богъэдахэр екӏуэкӏ джэгур, сыныщӏоплъэр щэхуу нэгум.

Сыкъыбдофэр, хыхьэу си гум, къыщӏэху хъуаскӏэр ӏэгум, лъэгум.

Сыхыхьащи мафӏэ лыгъэм пэлъэщыжкъым си гур лӏыгъэм

Сыту гуащӏэ а лы дыгъэр, цӏыхур зэджэр лъагъуныгъэу.

Источник: http://lithasa.ru/