Гупсысэ

Слова - Борис Утижев

Музыка - Мурадин Думанов

Исполнители: Черим Нахушев, Лара Муфти

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Сэ ныщхьэбэ уэ сыпщӏогупсысыр

Къыскӏэрыхъыжьащ зы гукъэкӏыж.

Укъалъыхъуэу си нэхэр мэплъызыр

Гуми ӏэпыхуари къещыпыж

Сэ уи цӏэ къудейри къысхуэщӏэжкъым

Ди зэхуэзи ди зэпсалъи кӏэщӏт

Лъагъуныгъэ сщӏауи сигугъэжкъым,

Ауэ сыту лъагъуныгъэм ещхьт

Си нэгу къыщӏохьэжыр пшагъуэпшагъуэу

Дунейр зыгъэнэхуу нэ къабзитӏ

Жэщым къыхэщ мазэу напэ щӏагъуэу

Сипщэм ешэкӏауэ ӏэ хужьитӏ

Гъэхэр пӏащӏэу жыжьэ гуэрым макӏуэ

Дунейр зыгъэнэхур ахэращ

Удз гъэгъа дахащэм и мэ гуакӏуэу

Уэ зэгуэр зэманым узблихащ