ТЕКСТ:
Ей ныбжьэгъуфӏхэ, сэ нобэ сожьэ
Къулыкъу къэралым хуэсщӏэну
Службэр къэзухыу, къэзгъэзэжыхукӏэ
Рае схуэфхъумэ, еееей
Мы шэлоныжьмэ, мы шэлоныжьмэ
Дынырагуашэрэ, еееей
Ӏэпкълъпкъу сиӏэм, уи лъэгъуныгъэм
Зыриугуэшакъэ, еееей
Уи ӏэлъын цӏыкӏури, уи ӏэлъын дахэри
Уи мыщӏэ закъуэщ, Рае
Уэ зы цӏыкӏу закъуэрщ фӏыуэ слъагъуари
Сыкъэгъэпэжыт, еееей
Уи пшынэ фӏыцӏэри, уи пшынэ дахэри
Уогъэшэрашэ, Рае
Службэу сыздашэм, хъыджэбз слъагъухукӏэ
Уэра сфӏэщӏынущ сэ
Фэеплъ бэлътокуу уэ къызэптари
Жыпым къызохыр, Рае
Сеплъыхукӏэ слъагъур уэра къысфӏэщӏу
Зэманыр макӏуэ, еееей
Службэу сыздэкӏуэм письмоуэ накӏуэр
Уэра сфӏэщӏынущ нэзытхыр
Тхылъымпӏэ кӏапэм ущымысхьыну
Рае солъэӏур, еееей
Уи ӏэлъын цӏыкӏурэ, уи ӏэлъын дахэри
Ӏэпэм ӏэрокӏырэ, еееей
Начыхьыр уиӏэу лӏы удэкӏуэхукӏэ
Сыппымыкӏыну, еееей
Укъыспэплъэну сыбгъэгугъащи
Сигур згъэфӏынущ, Рае
Гъуынапкъэм синэр темыплъэкъукӏу
Сэ фӏыу схъумэнущ, еееей
Сигур бгъэфӏыхукӏэ, службэр псынщӏагъэу
Сэ есхьэкӏынущ, Рае
Къэрал гъунапкъэр сэ фӏыу схъумэну
Узогъэгугъэр, ееееей
Источник: www.oredade.ru