Гъащӏэу – дуней нэху
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Цӏыхуфэр сыту ӏуву къигъэщӏа,
Хуошэчыр, къыжьэхэуэми борэн,
Цӏыхупсэм зэи шэч симыгъэщӏа,
Бэшэчу ехьыр гъащӏэм и толъкъун.
Сэ къыстощхьэ нэху,
Сэ къыстохъуэ жэщ,
Псэм имыщӏэ псэху,
Гъащӏэ гъуэгур скӏуху,
Фӏыр ӏэпэгъу къысхуэщӏ,
Псэр къысхуэгъэнэху,
Гъащӏэу – дуней нэху.
Сэ сокӏуэр, си гъуэгуанэм хэмыщӏа,
Гугъапӏэр гущӏэм щызэтрихьащ,
Хэщӏапӏэр жыжьэ щыӏэу сымыщӏа,
Гупсысэм сэ и жьэгум срихьащ.
Сэ къыстощхьэ нэху,
Сэ къыстохъуэ жэщ,
Псэм имыщӏэ псэху,
Гъащӏэ гъуэгур скӏуху,
Фӏыр ӏэпэгъу къысхуэщӏ,
Псэр къысхуэгъэнэху,
Гъащӏэу – дуней нэху.
Псэр гъащӏэм и архъуанэм хуэмыщӏа,
Ауэ къару къыхелъхьэ дыгъэ бзийм,
Дунейм и плъыфэ сэзыгъэщӏа,
Къуршыпсу си ӏэпкълъэпкъ умыгъэдий.
Сэ къыстощхьэ нэху,
Сэ къыстохъуэ жэщ,
Псэм имыщӏэ псэху,
Гъащӏэ гъуэгур скӏуху,
Фӏыр ӏэпэгъу къысхуэщӏ,
Псэр къысхуэгъэнэху,
Гъащӏэу – дуней нэху.
Источник: @zhygue
ключевые слова: гъащ1эу