Лъхукъуэлlыдзэм я уэрэд

народная песня

(из книги З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр")

 

ТЕКСТ:

Ди къарэ(уэ-уэ)хьэлъкъыр...

Чыщбалкъкlэ зэджэм, уар, ныдохьэри,

Уэр, ди хабзэхьыж гущэти, махуэфlищ пlалъэр къыхокl.

Пщlэгъуалэ кlэщlыр

Шы фащэ дахэкlэ нагъэпсыр,

Къардэнхэ фи нысэ ябгэм и жыр лэныстэр и lэщэт.

Шэджэм щlытlищым

Кхъэ сэя къалэкlэ фогугъэр,

Хьэжсетыр фызэригугъэу а махуэм къыщlыкlкъым.

Гъущl гущэурэ ди шэмэджыжьхэр

Мы мэкъуэуэнмэ худогъэхыжьыр,

Мыр фи хьэ хыжьамэ, мэзыщlэ бжьохэр фхузырегъасэ.

Хьэ мэрамысэм

Уэркъхэм фи нысэр зыпхегъэлъэтыр,

Дызэлъэтэкlмэ, уэркъыжь щауэщlэхэр къыдбгъэдоувэ.

Дакъеувалlэм

Хьэкъут маер къащlокlыр,

Фи гуэдз къэкlари гъэмахуэ дыгъэм къегъэфыр.

Фи гуащэ нысэм

Лъэгуажьэмыщхьэ зедгъэщlри,

Фи пlэ щlыжыгъэм Жанкъутас дахэр йопыхьэ.

Къахэпыхьыкlыурэ

Кумпlылхъан дахэр нашэжыр,

Ерэжибыжьри уэркъыжьым я пащхьэм щыдгъэпсщ.

Хьэжмэстафэр

Уэркъыжьым я щlыбым щыдгъауэщ,

Мэшыкъуэ фочыр лъэ зэбгъурыту къэувщ.