варианты песни: Хъымсад гуащэм и гъыбзэ
народная песня
ТЕКСТ:
1. Цыбылэхэ я гуащэ дахэ,
Хэтхэ щхьэкӏэрэ укъысхуэкӏуа, рэтӏэ,
Тэтэрхъанхэ щхьэкӏэрэ укъысхуэкӏуамэ,
Шууищэти Хэкум зэдисхэт, рэтӏэ.
Талъостэнхэ щхьэкӏэрэ укъысхуэкӏуамэ, рэтӏэ,
Шузакъуэти, епсыхыжат, рэтӏэ.
2. Чэщей гущэуэ си пхъэ вакъитӏымэ
Щхьэкӏуае мыгъуэмэ срегъэпсыхи, рэтӏэ,
Пщы щауэ гущэурэ епсыхыжыгъэмэ
Сэ махуае гущэм сегъэгузасэ, рэтӏэ.
3. Мыӏэрысэ гущэуэрэ си быдз цӏыкӏуитӏыр, уей,
Ӏэдакъэкӏэрэ ныхызокъузэ, рэтӏэ,
Сэ пщы щауэ гущэмэ зескъузылӏэнути, рэтӏэ,
Данэху-данапӏэми измыгъуэтэжи, рэтӏэ.
4. Дыщэ гущэурэ си зэпэщӏыӏур, уей,
Ӏэ сэмэгукӏэрэ зэрызогъэлъэлъи, рэтӏэ,
Синэпситӏ гущэр къысфӏелъэлъэхыурэ, рэтӏэ,
Жагъуэлӏ гущэм сэ сыныхуашэ, рэтӏэ.
5. Сэ сыгуащэт, сыгуащэ мыгъуэти,
Гуащэ псоми сафӏэтхьэмыщкӏэт, рэтӏэ,
Айрэщ, жыфӏэркъэ, ай,
Хъымсадыр магъыр, мэусэ, рэтӏэ.
6. Суншыжь гущэм и тобылыгъур, уей,
Пщы дадэ гущэм и зэпэбашти, рэтӏэ,
Арыкъыжь гущэмэ и бланэ пшэрыр, атӏэ,
Пщы дадэ гущэмэ и хьэщӏэ нышти, рэтӏэ.
7. Емынэ гущэмэ и бэракъ фӏыцӏэр, рэтӏэ,
Мэртазэхэ къыщызэфӏащӏэ, рэтӏэ,
Гуимэжьхэр зэщӏэщӏагъэхэт, рэтӏэ,
Талъостэнхэ сыныдашыжи, рэтӏэ.
8. Уэредадэр Къуэдзым къыхидзэурэ
Пхъэш мэзыжьымкӏэ сыныщӏашыжи, рэтӏэ,
Сэ гъищэр си уэредадэт, рэтӏэ,
Къуэгъулъкъуэхэ сырашэлӏэжри, рэтӏэ.
9. Таж гущэу си пыӏэ лъапӏэр, рэтӏэ,
Мэртазэхэ къыщыпызолъэ, рэтӏэ,
Хьэгъэбанэмэ сыныпэплъэнут сэ,
Пщы уэлий гущэм сэ къысхуимыдэ, рэтӏэ.
10. Пщы уэлий гущэмэ сырипхъу лъапӏэм, рэтӏэ,
Хьэтӏохъущокъуэхэ щхьэ саримытрэ, рэтӏэ,
Къэбэрдей гущэмэ пщыжь имысыжмэ,
Бекъэлдыжьымэ хъыбар схуевгъащӏэ, рэтӏэ.
11. Жыр гущэуэ си лэныстэшхуэр
Хьэщхъуэжь хабзэуэ зэрызогъэшхи, рэтӏэ,
Пщы щауэ гущэмэ зишхыхьыжыххэурэ
Жагъуэлӏ гущэмэ сэ сыныхуашэ, рэтӏэ,
Сэ сыгуащэт, сыгуащэ мыгъуэт, рэтӏэ,
Гуащэ псоми сафӏэтхьэмыщкӏэт, рэтӏэ.
12. Талъостэнхэ сыщыранысэмэ
Жыхафэри си шэджэгъуакӏуэт, рэтӏэ,
Нэгъуеижь гущэмэ сыщыратыжмэ,
Мыжьыкъ алащэри къысщӏэмыхьэжи, рэтӏэ,
13. Си анэ гущэурэ Щэхугъуей гущэмэ
Данэху-данапӏэми сыкъыхимыхти, рэтӏэ,
Нэгъуей жэм гущэурэ сэ къысщӏэпхари, рэтӏэ
Чэрэчэкӏэ яугуэшыжи, рэтӏэ.
14. Адрыщӏымкӏэрэ сызэпырыплъым, рэтӏэ,
Елмырзэхэ фи унэ лъапӏэт, рэтӏэ,
Нэгъуеижьымэ фи уэтэужьыр, рэтӏэ,
Игъащӏэми кӏэгъуасэ мыщӏти, рэтӏэ.
15. Талъостэнхэ сыщыранысэмэ,
Чыщмыщыр сэ си шхын лъапӏэт, рэтӏэ,
Нэгъуеижьымэ сыщыратыжмэ,
Къащыкъжьейри къызобзеихьри, рэтӏэ.
16. Щыпэ гущэуэрэ, си щыпэ нэхумэ
Зэпрыкӏ гущэти шыбэр кърихурт, рэтӏэ,
Нэгъуеижь гущэу сызыратыжмэ
Шы цӏахуцӏэкӏэ танэжь къехужи, рэтӏэ.
17. Абджышхуэ гущэуэ си щхьэгъубжэшхуэр, рэтӏэ,
Ӏэгупэкӏэрэ зэӏузогъэжри, рэтӏэ,
Си нэпситӏ гущэр къезгъэжэбзэхыурэ, рэтӏэ,
Пӏэ лъапэ гущэри ныпызокӏухьри, рэтӏэ.
18. Сэ сыгуащэт, сыгуащэ мыгъуэт, рэтӏэ,
Гуащэ псоми сафӏэтхьэмыщкӏэт, рэтӏэ,
Айрэщ, жыфӏэркъэ,
Хъымсадыр магъыр, мэусэр, рэтӏэ.
Хъымсадыр Къэбэрдейм иужь дыдэу пщы уэлийуэ тета Жанхъуэтыкъуэ Кушыку ипхъут. КъуажэкӀэ Жанхъуэтхьэблэм, иджы Псыгуэнсум, щыщт. 1808 гъэм къэбэрдей пщыжь-уэркъыжьхэр Бахъсэн псыхъуэ щызэхуэсри Къэбэрдейр зэрихьэну пщы уэлийуэ Кушыку хахауэ щытащ. Ар пщы я пщыжу щӀыхахауэ щытар пщы лъэпкъыжь дыдэ Беслъэн ПцӀапцӀэ илӀакъуэхэм къахэкӀати аращ. Нэхъ ӀупщӀу жытӀэу щытмэ, Кушыку и адэр Жанхъуэтщ, абы и адэр Тэтэрхъанщ, абы и адэр Бэчмырзэщ, абы и адэр Жэмболэтщ, абы и адэр Къазийщ, абы и адэр Пщыапщокъуэщ, абы и адэр Къетыкъуэщ, абы и адэр Беслъэн ПцӀапцӀэрщ, н.ж., Беслъэн ПцӀапцӀэ и ебланэ лӀакъуэщ.
Кушыку пщы я пщыжу илъэс 21-кӀэ тетащ, и ныбжьыр илъэс 72-м иту 1829 гъэм дунейм ехыжащ. Кушыку и япэрей фызым къилъхуауэ пхъуитӀрэ зы къуэрэ иӀащ: Хъымсад, Чэбэхъан, Жэмболэт, етӀуанэрей фызым къилъхуауэ Пщымахуэ, сабийуэ дунейм ехыжащ.
Аращи, Хъымсад пщы нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм къахэкӀауэ щытащ. КъэзыӀуэтэжхэм зэрыжаӀэмкӀэ, Хъымсад икъукӀэ хъыджэбз дахэу, цӀыхубз зэкӀэлъыкӀуэу щытащ. А зэманым пщыжьхэм я пхъухэм ират хабзэу щыта гъэсэныгъэ дахэр Хъымсади и сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ иратащ, балигъ хъуа нэужь, и дахагъэмрэ и щэныфӀагъ-губзыгъагъэмкӀэ Къэбэрдей псом цӀэрыӀуэ щыхъуащ.
Арати, зэгуэрым, Хъымсадыр Аргудан яшауэ Хьэмырзэхэ я джэгум хэту, Талъостэнхэ якъуэмрэ абырэ зэрылъэгъуащ. Талъостэнхэ я къуэри пщы лъэпкъыжьым къыхэкӀат, Беслъэн ПцӀапцӀэ и къуэш нэхъыжь Талъостэн къытепщӀыкӀахэм ящыщт. ЗэрызэӀуплъэу тӀуми гу зэхуащӀащ. Удж зэраублэу Талъостэнхэ я къуэм Хъымсадыр Ӏэпэгъу ищӀри, игу зэрырихьар жриӀащ:
- Сэ уэ сигу урихьащ, укъыздэкӀуам укъэсшэнт,- жиӀащ Талъостэнхэ я къуэм.
- Сэри зыри бдэзгъуэркъым, ауэ си адэм уасэшхуэ къыппиубыдынщ. Апхуэдэу щыщыткӀэ, лӀыгъэ уиӀэмэ, сыпхьынщ. Абы иужькӀэ лъэпкъитӀыр зэгурыӀуэжынщ, - жиӀащ Хъымсад.
Талъостэнхэ я къуэмрэ Хъымсадрэ щызэхуэзэн хуей щӀыпӀэмрэ зэманымрэ теухуауэ пӀалъэ зратри зэбгъэдэкӀыжащ.
ЩӀалэр Джылахъстэней кӀуэжащ, Хъымсад Жэнхъуэтхьэблэ яшэжащ, Хьэмырзэхэ я джэгур зэфӀэкӀати.
Зэрата пӀалъэр къыщысым, Талъостэнхэ я къуэр я щолэхъу шы лъэпкъ тесу, и нэм фӀэкӀа къыщӀэмыщу, бащлыкъкӀэ и щхьэр фӀэпхыкӀауэ къакӀуэри, Жанхъутхьэблэ къуажапщэм, Вындыб джабэ задэм и лъапэ екӀэпцӀэ мэзым, мэрем махуэ пщэдджыжьым жьыуэ къыщӀэуващ.
Кушыку ипхъу Хъымсад дахи, хъыджэбзхэр къепщӀэпщӀэкӀыу, шу гъусэхэм шыхэр ягъэджэгуу мэракӀуэхьэ зыдригъэшащ. Зэрызехьэу здэкӀуэм, Вындыб лъапэ зэрынэсхэу, Талъостэнхэ я къуэр екӀэпцӀэ мэзым къыщӀэжри яхэлъэдащ, гупым щыбгъэдэлъадэм, Хъымсад зыкъришэкӀщ, мыдрейм къипхъуатэри и шыплӀэм дидзэри щӀэпхъуэжащ. Хъымсад и шу гъусэхэм щрахужьэм, нэгъуэщӀ кӀуапӀэ имыгъуэту, тӀури зэрытесу и щолэхъур Вындыб джабэ задэм кӀэрихуащ. КӀэлъыпхъэра шухэри кӀэрылъэдат, ауэ джабэ задэм дэмыкӀыфу къагъэзэжащ.
Хъымсадыр щрахьэжьэм, мэракӀуэхьэ кӀуэ гупым псынщӀэу къагъэзэжри къэхъуар и адэм жраӀащ. Шу закъуэм кӀэлъыпхъэрауэ щӀэмыхьэу къэзыгъэзэжауэ щыта гупым жаӀащ ар щолэхъу шы лъэпкъ зэрытесар. Апхуэдэш нэхъыбэу зиӀэнкӀэ хъунур Талъостэнхэт. Абы нэмыщӀауэ Аргудан Хьэмырзэхэ я джэгум Хъымсад Талъостэнхэ я къуэм и закъуэ фӀэкӀа зыми къызэримыгъэуджари щыжраӀэм, Талъостэнхэ ящыщ гуэрым зэрихьамкӀэ шэч ищӀри, Тэрч псы икӀыпӀэм щикӀыжкӀэ щӀалэр яукӀыу и пхъур къахьыжыну унафэ ищӀри, Кушыку шу гуп игъакӀуэри пигъэтӀысащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ.
Щолэхъу шы бланэр, цӀыхуитӀыр зэрытесу Вындыб джабэ задэ лъагэм дихри, зэгуэудащ.
Талъостэн и къуэм и шым тедза щолэхъу дамыгъэр къытригъэжри щӀитӀащ, уанэр къытрилъэфри ищӀыбым кърилъхьэри, Хъымсад и Ӏэпэр иӀыгъыу мэз защӀэкӀэ щӀэкӀри Къуэгъулъкъуэхэ екӀуэлӀащ. Ахэр езыхэр Талъостэнхэ я уэркът.
Уэрэдхэми хъыбархэми къазэрыхэщыжымкӀэ, Къуэгъулъкъуэхэ, лъэпкъ мащӀэ пэтми, нэхъ хабзэ зыхэлъарэ, нэхъ лӀыгъэ зиӀэрэ къэбэрдей уэркъым яхэтакъым. Ахэр пщытэкъым, лӀакъуэлӀэшт, Талъостэнхэ я уэркът.
Къуэгъулъкъуэ зэкъуэшитӀым зищхьэр езыхьэлӀа ныбжьыщӀитӀыр хабзэкӀэ ирагъэблэгъащ, дахэ къыжраӀэщ, къыщыгуфӀыкӀри, увыӀэпӀэ къратащ, ягу дахэ къыхуащӀащ. Псори зэтес ящӀыжыну къыжраӀэри, ягу ягъэзэгъащ, ягъэсэбыращ.
Иныкъуэм зэрыжаӀэмкӀэ, Хъымсад и анэшыр Къуэгъулъкъуэхэт, ауэ ар пэжу къыщӀэкӀынукъым. Пщышхуэхэм зэзэмызэхэт лӀакъуэлӀэшхэм япхъу къыщашэр. Абы къыхэкӀкӀэ, пщышхуэ лъэпкъым къыхэкӀа Жэнхъуэтыкъуэ Кушыку лӀакъуэлӀэш Къуэгъулъкъуэхэ япхъу къишэну фӀэщ хъугъуейщ.
КъекӀуэлӀа я къанхэр къамыгъуэтыну ягъэпщкӀури Къуэгъулъкъуэ ЛӀыгъур Хъымсад и адэ Жэнхъуэтыкъуэ Кушыку деж къэкӀуащ.
- Унэрыхьэ сыкъыпхуэкӀуащ, Жанхъуэт и къуэ! - жиӀащ.
ЖыӀэн хуейщ, абы щыгъуэ Жанхъуэтыкъуэ Кушыку пщы уэлийуэ зэрыщымытар.
- Уипхъур сэ къызахьэлӀауэ си деж тешэрэщ щыӀэщ. Уипхъур къызэзыхьэлӀар уэ пхуэдэу пщышхуэм къыхэкӀащ, Талъостэнхэ якъуэщ. НыбжьыщӀитӀыр зэхуэарэзыщ, фӀыуэ зэролъагъу. Сэ зищхьэр къызэзыхьэлӀа ныбжьыщӀитӀым хабзэ яхуэсщӀыну си къалэнщ. Уэри сэри ди унафэ хэмылъу езыхэм зэфӀагъэкӀа Ӏуэхущи, хэӀущӀыӀу думыгъэщӀу Талъостэнхэ къыуатын хуей уасэр къызжыӀэ, - жиӀащ Къуэгъулъкъуэм.
Кушыку езым и унафэншэу ипхъур зэрыдэкӀуам иригубжьащ, ауэ зэрыхъун хъуат. УасэмкӀэ зэгурыӀуэри Къуэгъулъкъуэр кӀуэжащ. Кушыкуми Тэрч псы икӀыпӀэм щыпигъэтӀысауэ Талъостэн икъуэм пэплъэхэр шу игъажэри къригъэшэжащ.
Хъымсадыр Къуэгъулъкъуэхэ хьэгъуэлӀыгъуэшхуэу ирашри Талъостэнхэ яшащ. А зэманым Талъостэнхэ Джылахъстэнейм я бэзэр Ӏуащхьэжьу щытам деж щыпсэуащ (иджы Мэртэзей станцымрэ Дейскэ къуажэмрэ я зэхуакум деж).
Мыбдежым къыщыжыӀэн хуейщ, джылахъстэней пщыхэр зэрымыгъатхъэу, зэрымыгъэпщу, зэрыукӀыу зэрыщытар. Псом хуэмыдэу, Талъостэнхэрэ Мудархэрэ зэтеплъэ мыхъуу зэрыукӀырт.
Ауэ Хъымсадыр нысащӀэу, зэрашэрэ куэд мыщӀауэ, жэщым Талъостэнхэ якъуэм къеджэри щӀашри къаукӀащ. Нобэми ныжэбэми ар къэзыукӀар щэхуу къэнащ. Хъыбарым зэрыжиӀэмкӀэ, Хъымсадыр щӀалэ дыдэу фызабэу къыщынэм, тешэрэщыпӀэу здэщыӀа Къуэгъулъкъуэхэ я деж яшэжащ. И унафэншэу ипхъур зэрыдэкӀуам щхьэкӀэ, Кушыку и деж къригъэшэжын игу техуакъым.
Куэд дэмыкӀыу нэгъуеипщ Тыгъуэнхэ Беслъэн, Мэртазэхэ къэкӀуауэ щыхьэщӀэу, Хъымсадым и хъыбар зэхихри, къылъыхъуу щӀидзащ. Нэгъуеипщым дежкӀэ пщы лъэпкъышхуэм къыхэкӀа цӀыхубз фызабэ къишэну нэхъ тыншт, хъыджэбз нэхърэ.
ЖыӀэн хуейщ, адыгэ цӀыхубзхэм я дахагъэм, я щэныфӀагъэм, я губзыгъагъэм къыхэкӀыу адыгэр къэзыухъуреихьу щыта лъэпкъхэм псоми яхузэрымыгъэгъуэту уасэшхуэкӀэ ящэхуу зэрыщытар. Псом хуэмыдэу нэгъуейхэм, къалмыкъхэм, кърым тэтэрхэм, тыркухэм, нэмыщӀ лъэпкъми иратым ядэрт, япэрауэ, зратыр пщы лъэпкъыу щытмэ, етӀуанэрауэ, уасэшхуэ къратымэ.
Арати, Мэртазэхэрэ Къуэгъулъкъуэхэрэ дэлэлу уври, Кушыкур къытрагъэхьащ Хъымсадыр Тыгъуэнхэ Беслъэн иритыну. Кушыкуми, и унафэншэу ипхъур Талъостэнхэ ядэкӀуауэ зэрыщытар и гужьгъэжьти, нэгъуей былымкӀэ и пхъур етӀуанэу ищащ. «Емынэм ибэракъ фӀыцӀэр Мэртазэхэ къыщызэфӀащӀэ, гуимэжьхэр зэщӀэщӀагъэххэти, Талъостэнхэ сыныдашыж», «Нэгъуей жэмурэ сэ къысщӀэпхар чэрэчэкӀэ яугуэшыж» щӀыжиӀэр аращ уэрэдым. Хъымсад нэгъуеипщ Беслъэным хуашащ.
Тыгъуэн Беслъэныр а зэманым Псыжь адрыщӀ унагъуэ пщӀей хъу нэгъуей къуажэшхуэм япщу, иджы Краснодар крайм Ханскэ вокзалыр здэщытым деж щыпсэуащ, хуэкъулейуэ.
ИужькӀэ екӀуэкӀа Ӏуэхум теухуауэ, зауэм ипэкӀэ жьы дыдэ хъуауэ дунейм ехыжа, Нартан щыпсэуа Къэрэгъул МытӀ хъыбар гъэщӀэгъуэн къиӀуэтэжауэ ӀуэрыӀуатэм хэлъщ. Мис ар:
Хъымсад Беслъэным зэришэрэ куэд мыщӀауэ, махуэ гуэрым пщыр къуажэбгъум щыт Ӏуащхьэжьым уэршэракӀуэ дэкӀащ. Ар щалъагъум, я пщым дэуэршэрыну и къуажэгъухэр зырыз-тӀурытӀурэ кӀэлъыдэкӀыурэ хъурейуэ къатӀысыхьащ. И ныбжьэгъухэр япщым догушыӀэ, мэхьэужьыуэ. Ауэрэ куум зэрыхэгъэхьащ. Беслъэным нэхъ игъунэгъу-ныбжьэгъу и гушыӀэгъуу зы къэпсалъэри жиӀащ:
- Уа, Тыгъуэн и къуэ, Нэгъуейм хъыджэбзу исыр уигу иримыхьу, Къэбэрдейм нэс укӀуэу къытхуэпша пхъужь гуащэр зыхуэдэр тлъэгъуакъыми, ар зы гукъеуэ, а гуащэм япэ иӀа лӀымрэ уэрэ нэхъыфӀу илъагъур тщӀэркъыми - ар гукъеуитӀ. Сытым щыгъуэ ди гукъеуэхэр щыдбгъэӀуэтэжынур? – жиӀэри.
- Япэрауэ, гуащэр флъагъунуми, иджыри кӀасэ хъуакъым, етӀуанэу, абы нэхъыфӀу илъагъур сэ фэ вжесӀэкӀэ фи фӀэщ хъункъым. Фэ езыр хуит фызощӀ фыкӀуэу феупщӀыну! - жиӀащ Беслъэн, гуащэм езыр нэхъыфӀу къызэрилъагъумкӀэ и щхьэр игъэгугъэжу.
- Уэ нэхъыфӀу укъилъагъуу жыпӀэрэ? - щӀэупщӀащ аргуэру.
- ЖысӀэм къыщынэркъым. Иджыри жызори, фи фӀэщ мыхъумэ, фӀыкӀуи феупщӀ.
- Дэ дыкӀуэнт, ауэ къыпщышынэнщи, пэжыр къыджиӀэнкъым, - жаӀэу, гушыӀэу, дыхьэшхыу здэщысым, къуажэм зы факъырэ къыдыхьэу ялъэгъуащ.
- Къэдгъуэтащ дгъэкӀуэн! - жаӀэри факъырэр зыхашащ.
- Уэ къэплъэӀухуэнум хуэдэ мин уэттынщ, мы пщым и гуащэм деж кӀуэи, дэ удгъэкӀуауи жумыӀэ, Къэбэрдейм укъикӀа хуэдэу щӀыхьи, тхуеупщӀ уи щыпэлӀымрэ иджы уилӀымрэ дэтхэнэр нэхъыфӀу плъагъурэ жыӀи.
- СыкӀуэнщ, сеупщӀынщ, пщыми сыщымышынэу пэжри вжесӀэнщ, ауэ сыт сэ абы щхьэкӀэ къысхуэфщӀэнур? - жиӀащ факъырэм.
Псоми жэм зырыз, Беслъэным былымиплӀ къратыну къагъэгугъащ.
Факъырэр гуфӀэщ, и хъуржынымрэ башымрэ хыфӀидзэри гуащэм деж кӀуащ.
- Гуащэр сымылъагъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым! - жиӀэу бэлэбанэм щытригъэчыныхьым,
- ЛъэӀуакӀуэ къэкӀуащ, къыщӀэвгъэхьэ! - жиӀэри щӀригъэшащ.
Гуащэм факъырэр къыщыхигъэзыхьым, зыгъэкӀуари щӀагъэкӀуари, къратыну къызэрагъэгугъа уасэри иӀуэтащ. Хъымсад псалъэ къыпимыдзу факъырэр щӀригъэшри къабзэу иригъэгъэпскӀащ, щыгъын щӀэрыпскӀэ ищхьэм щыщӀэдзауэ и лъакъуэм нэс иригъэхуэпащ. Ахъшэ тумэнипщӀ иритри жриӀащ:
- Абыхэм пэжыр ящӀэну апхуэдизу щафӀэфӀкӀэ, кӀуэи яжеӀэ: Тыгъуэн и къуэ Беслъэн и мылъкумрэ и жылэмрэ нэхърэ, Талъостэн иӀэ хужьышхуэр си напэм и зэ къыдэлъэгъуэр нэхъыфӀт жиӀащ гуащэм жыӀи! Факъырэм псори яжриӀэжри, къызэрагъэгугъари иратащ.
Абы иужькӀэщ Хъымсад уэрэдыр щиусар. Апхуэдизу фӀыуэ илъагъуу зыдэкӀуауэ щыта Талъостэнхэ якъуэр игъуэ нэмысу къаукӀыу фызабэу къыщынэм, фӀыуэ имылъагъуу нэгъуеипщ Беслъэн зэрыратыжари хилъхьэжри, уэрэдыр иусащ.
Уэрэдыр цӀыхубэм яхыхьа нэужь зыхуэмейхэр хадз, зыхуейхэр халъхьэ, йотхъунщӀауэ-къотхъунщӀауэ, уэрэдыр ягъэпс, езыхэр зэрыхуейм хуэдэу.
Хъымсад езым иусамрэ иужькӀэ халъхьахэмрэ иджы зэхэгъэкӀыжыгъуейщ.
Факъырэм ищӀа Ӏуэхутхьэбзэм и пщӀэр къыӀэрыхьэри хъуржыныр зыпщӀыхихыжащ. Ауэ нэр ирищӀу пэжыр къыжезыӀа Хъымсад-гуащэ дахэр Беслъэным игу пыкӀыу иригъэкӀыжакъым.
АдэкӀэ Хъымсад и уэрэдымрэ хъыбарымрэ къэзыӀуэтэжхэм къыпащэ:
Арати, Хъымсад иуса тхьэусыхафэ уэрэдыр Нэгъуейм къикӀри Къэбэрдейм къэсащ, Хъымсад щалъхуа къуажэжьым къэсри Кушыку зэхихащ, ауэ и тхьэкӀумэм цӀыв иригъапщхьэри зэхимыха зищӀащ. Апхуэдэу щыхъум, Кушыку и бейгуэл Бекъэлдыжьым шу гуп зэщӀигъури ежьащ, Нэгъуейм кӀуэуэ Хъымсадыр къытрихыжу къихьыжыну.
Ауэ абы ипэ къихуэу нэгъуэщӀ зы Ӏуэху къэхъуащ.
Махуэ гуэрым Беслъэныр лулэкӀэ тутын ефэу шэнтым тесу пщӀантӀэм дэст, жыг жьауэм щӀэсу. Махуэр хуабейт.
Къуажэдэсхэр зэрыгъэкӀийуэ хьэ делэ яукӀыну кърахуэкӀырт. КъезыхуэкӀхэр иужь иту, хьэ делэр Беслъэн и пщӀантӀэм дэлъэдащ.
- Дипщ, зиусхьэн, хьэ делэр къодзэкъэнущ, щӀэлъэдэж! – жаӀэурэ, цӀыхухэр зэрыгъэкӀийрт.
Хъымсад унэм щӀэсти, зэрыгъэкӀий макъыр щызэхихым щхьэгъубжэмкӀэ къыдэплъри, и жьэр ущӀауэ и лӀым къыхуэжэ хьэшхуэр щилъагъум:
- Я, Алыхь, егъэшх! - жиӀащ.
Беслъэным зигъэхъеякъым, и жьэм лулэри къыжьэдихакъым. Хьэр къыщыжьэхэлъадэм, и фоч кӀэщӀыри бгым къыдипхъуэтри жьэдэуэри хьэри иукӀащ, ар зезыхуэ цӀыхухэри къэувыӀэжащ.
Абы ирихьэлӀэу Бекъэлдыжьым и шу гупыр пщӀантӀэм дыхьащ.
Хьэ делэм щхьэкӀэ зызымыгъэхъея Беслъэн шу гупыр щилъагъум:
- Ӏэу, си щыкъухэр къэкӀуащ, - жиӀэри къапежьащ. Феблагъэ, зи блэгъагъэ схуэмыгъуэтхэ! - жиӀэри.
Беслъэным Къэбэрдейм шу гупыр зэрыхуэфащэкӀэ иригъэблагъэри игъэхьэщӀащ. Яхьыжыну шу гупыр щӀэкӀуар арауэ Хъымсад къыщищӀэм, къахуэкӀуэжын идакъым.
- Тыгъуэн Беслъэн лӀыгъэ иӀэщ, лӀыгъэ зиӀэм деж сисынущ, - жиӀэри.
Абы иужькӀэ Беслъэн хуилъхуауэ къуитӀ иӀащ, тӀуми пащтыхьыдзэм къулыкъу щащӀэу щытащ. Хъымсад и цӀэр урыс тхыгъэхэм къыхощ 1848 гъэ пщӀондэ.
«Уэрэдымрэ итхыдэмрэ» радионэтыныр, 18.03.1990 гъэ.
Источник: Одноклассники.ru - Группа "Хэкурэ - Хабзэрэ"
Скачать в исполнении Зарамука Кардангушева
Ключевые слова: хъымсад и гъбзa.