Исполнители: Ирина Балкарова
Категории: кабардинские песни
Уойра, дэ унэмэ идошэрэ,
И гуащэм и нысэр тыдошэ,
И нысэу къатшэр фокӏадэу ӏэфӏу,
Фӏэрафӏэ дыдэрэ и напӏэр хуалъэу,
Ди нысэу гупсэр гуащэм хуэӏэсэу
Нысэфӏ лэгъунэм щӏыдошэ.
Уойра, дэ унэмэ идошэрэ,
И гуащэм и нысэр тыдошэ.
И нысэу къатшэр фокӏадэу ӏэфӏу,
Фӏэрафӏэ дыдэрэ и напӏэр хуалъэу,
Ди нысэу гупсэр гуащэм хуэӏэсэу
Нысэфӏ лэгъунэм щӏыдошэ.
Уойра, ӏурыцӏэлъыр къытхуахьырэ,
Нэрыбгэм и ӏупэм ныхуахьыр.
Фом хуэдэу ӏэфӏу, ипкъ къыткӏэрыпщӏэу,
Дэ лъапэ махуэри нысэм къытхишэу,
Лъэдакъэ махуэ дыщым къыщинэу,
Уойра, нобэ дэ дыхуохъуахъуэр.
Уойра, гуащэмэ кӏэрапхэрэ,
А тӏуми зэдекӏур я фащэу,
Щэн зэтрахыу фызэгурыӏуэу,
... фызэрылъытэу,
Адэм и хъуэхъур тӏуми хуиӏэту,
Дунейм и фӏыгъуэр здэвлъагъутэм.
Уойра, ди хабзэр и щӏасэрэ,
И быныр ӏэдэбу игъасэу,
Нанэм и нысэр и ... ӏэщхьэхуу,
Тхьэӏухуд тхьэрыкъуэу унэм щызекӏуэу,
Унагъуэрысу, ди нэӏурыту,
Псысэу дахащэм дохъуэхъур.
Нанэм и нысэр и ... ӏэщхьэхуу,
Тхьэӏухуд тхьэрыкъуэу унэм щызекӏуэу,
Унагъуэрысу, ди нэӏурыту,
Псысэу дахащэм дохъуэхъур.