Пхъэм и усэ

народная песня

Категории: кабардинские песни

 

Другие версии: Пхъэм и тхьэусыхэ

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1. Пхъэр мэхасэ,

Псэр мэдауэ,

Пхъэм и дауэр,

(Уоредэ) къэсlуэтэнущ сэ!

2. Мы зэхэсхэр,

Фыкъедаlуэ!

Уедэlуэнкlэ,

(Уоредэ) ар пшыналъэщ (уей)!

3. Пхъэм и налъэр -

Бэ и уасэщ,

Пхъэгъэсынурэ -

(Уоредэ) сэ сыкъашэ (уей)!

4. Сыкъызэрашэр -

Вы уэгужькъэ,

Мы жьэгужьмэ -

(Уоредэ) сынобзахэр сэ!

5. Сыпэрахмэ -

Сыфlамыщlкъэ,

Гъущlу ящlыр

(Уоредэ) сэ согажьэ (уей)!

6. Кхъужьеижьти -

Сыкъогъагъэ,

Гъэр фейцеймэ -

(Уоредэ) фызопlыжыр сэ!

7. Щlалэ пlыгъуэм -

Сывигущэщ,

Гуащэр тlысмэ -

(Уоредэ) сышэнтжьейкъэ сэ!

8. Кхъуафэжьейуэ -

Хым сытохьэ,

Гъуэгурыкlуэр -

(Уоредэ) сэ изодзыр (уей)!

9. Шабзэр ядзымэ -

Сышабзэкъукъэ!

Кхъузанэкъуу -

(Уоредэ) сыбзихукъэ сэ!

10. Уэздыгъэ нэхуурэ

Сыкъагъаблэ,

Бланэ уэгъуэм -

(Уоредэ) сыбашитlкъэ сэ!

11. Зэныкъуэкъухэм -

Сыраlэщэщ,

Щlыр къыщапщкlэ -

(Уоредэ) сыкъуэрагъкъэ сэ!

12. Дыкъуэнагъ жаlэм -

Сыгулъэгукъэ!

Пщащэр гуэмэ -

(Уоредэ) сыригухъукъэ сэ!

13. Къырагъахъуэм -

Сышынакъщи,

Пыlэ къупхъэуи -

(Уоредэ) саухъурейкъэ сэ.

14. Гулъэмыжуи -

Сырагъэкlур,

Хьэщlэ къакlуэмэ -

(Уоредэ) сывиlэнэщ сэ!

15. Щхьэгъырытым

Сырибашкъэ,

Цlыху ешахэм,

(Уоредэ) сыражьауэщ сэ!

16. Гъуэгу гъэжьауэу

Сыкъыхасэ,

Пlастэ ящlмэ -

(Уоредэ) сыбэлагъкъэ сэ.

17. Ар нафlэпэуи -

Сэ сыкъащlыр,

lэ пlыщlахэри -

(Уоредэ) согъэхуабэр сэ!

18. Саухъуреймэ -

Сывиужьгъэщ,

Ужьгъэ лъакъуэу -

(Уоредэ) сыщlагъэувэр сэ!

19. Щхьэл ягъэувмэ -

Сыгурыгъкъэ,

Къысщыгугъхэр,

(Уоредэ) согъэпэжыр сэ!

20. Уэтэр пщыlэм -

Сырипкъокъэ,

Къуэ быдэжьым,

(Уоредэ) сыкъыдашыр сэ!

21. lэнэ щтэгъуэм -

Сывигуахъуэщ,

Бо къэтхъугъуэм,

(Уоредэ) сывихьэнцэщ сэ!

22. Цейр яхъуэнумэ,

Сэ сычийкъэ!

Сызэрымыхъуурэ,

(Уоредэ) сыти щыlэ? (уой)

Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"


Ключевые слова: къэс1уэтэнущ