Уэрэду сиӏэр уэрщ

слова - Хамиша Шекихачев

музыка - Аслан Дауров

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Адыгэу лъэпкъыжь щыпкъащэм,

Уэрэдыр гуапэу хуэфӏэт.

Фыкъафэ, пщащэхэ,

Фыджэгухэ, щӏалэхэ,

Макъамэм лъэщу фежьу.

Адыгэ хабзэр, ди нэмыс лъагэр,

Си дахэ, пшынэм къигъэкӏ.

Припев:

Ей, си адэжь лъахэ, Адыгэ Хэку.

Ей, уэрэду сиӏэр уэрщ.

Уи лӏыгъэр ижькӏэ къыщожьэр,

Нобэми батэр уогъэш,

Фыкъафэ, пщащэхэ,

Фыджэгухэ, щӏалэхэ,

Уи лӏыгъэм уэрэд худош.

Адыгэ лӏыгъэр,

Лӏыгъэ мыкӏуэщӏыр,

Пшынэбзэм, дахэ, иумых.

Припев.

Ди пщащэр утыку къихьамэ,

Мазэр къехъуапсэу къоплъых.

Ӏэ кӏуэцӏыр ибгрэ,

Нарт щӏыкӏэу къафэмэ,

Ди пщащэрщ, - ӏэгур хуэфӏэт.

Адыгэ пщащэр, ди гум щыдгъафӏэр,

Пшынэбзэм, дахэ, иумых.

Припев.

Ди щӏалэм алъпым зыридзмэ,

Шыхулъагъуэм вагъуэ къыхех,

Уеплъамэ пкъыфӏэмэ,

Пелуан ӏэбэкӏэмэ,

Адыгэщ, - джэгур хуэфӏэт.

Ди адэжь лъахэр,

Адыгэ Хэкур,

Пшынэбзэм, дахэ, иумых.

Припев.

Источник: книга Шекихачева Х.Т. "Ты - моя песня"

Слушать бесплатно в исполнении Черима Нахушева

Ключевые слова: уэрэду сиiэр уэрщ, уэрэду сиlэр уэрщ, уэрэду си1эр уэрщ