ТЕКСТ:
Лъагъуныгъэ, гъащӏэр зыгъэдахэ,
Мы си гущӏэр щхьэ хэщӏапӏэ пщӏа?
Уафэ нащхъуэм, щӏылъэ щхъуантӏэ дахэм
Хуиту къыщыпкӏухьу сыпӏущӏат.
Сигум уэ уилъыныр щхьэхуитыншэщ,
Уэгум пцӏащхъуэу къыщомылъэтыхь.
Угъусэншэм дунейр гуфӏэгъуэншэщ,
Мы си гущӏэр уэ пхузощӏ псэтыхь.
Жьыбгъэ къепщэм сэ жэуап къысхуихьыр
Си гуфӏэгъуэу щхьэ сыкъэбгъэна?
Сыпхуэзамэ сигур къысӏэпихыу
Сыкӏэрахъуэу утыку сыкъибна.
Сынолъэӏур, лъагъуныгъэ къабзэ,
Сигур и хэщӏапӏэм къызжеӏэф,
Гъатхэ бзууэ дигухэр гъэбзэрабзэ,
Фӏыуэ зэрылъагъуу жегъэӏэф.
Источник: www.oredade.ru