Слова - Зоя Афашагова
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Къуршыжь тхьэмадэу ди Ӏуащхьэмахуэ
Бэм къытщхьэщытмэ, уей.
Дади гуфӏэжу, ди чэнджэщэгъуу,
Щӏэблэм къытхэтмэ, уей...
Припев:
Лъэпкъыр дофӏакӏуэ,
Хэкур мэбжьыфӏэ.
Фӏыгъуэр дгъэбагъуэу
Ди лъэри жанкъэ, уей.
Ди жьэгур къаблэу, фӏыгъуэм дыхэплъэу
Гъащӏэр етхьэкӏмэ, уей.
Нысашэ махуэу ди уэредадэр
Къуажэм щаӏэтмэ, уей...
Гъатхэпэ мазэм мафӏащхьэ джэдыр
Нанэ дигъэшхмэ, уей.
Хьэлыуэ ӏэнэу бынхэм хуиӏэтым
Хьэблэр зэхишэмэ, уей...
Ди бзэр бзэрабзэу, хабзэфӏхэр зетхьэу
Фащэр мыкӏуэдмэ, уей.
Дыгъэр зытепсэу, жыг лъабжьэ быдэу
Лъэпкъым зиубгъумэ, уей...
Источник: @albina_khasha
ключевые слова: доф1ак1уэ