Жан къыдэнэжа и уэрэд

Автор песни - Доган Кушха

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1.

Молэхэ я щӏалэм нащхьэ къысхуещӏыри,

Молэхэ я щӏалэм нащхьэ къысхуещӏыри,

Нащхьэкӏэ мы сигур димыхьэхыфын,

Нащхьэкӏэ мы сигур дихьэхауэ щытми, уэрэйдэ, сэрмахуэ,

Молэхэ сокӏуэри, Шыкуэхэ къонэри, уей.

2.

Шыкуэхэ я щӏалэр щӏалэ къамылыфэщи,

Шыкуэхэ я щӏалэр щӏалэ къамылыфэщи,

И фэм къеӏуатэри щӏалэ щэныфӏэщи,

Шыкуэхэ я щӏалэр щӏалэфӏыу щытми, уэрэйдэ, сэрмахуэ,

Шыкуэхэ сокӏуэри, Мэрзейхэ къонэри, уей.

3.

Мэрзейхэ я щӏалэр щӏалэ зэкӏужтэкъэ,

Мэрзейхэ я щӏалэр щӏалэ зэкӏужтэкъэ,

Къафэжьым дыздекӏуу дыкъызэдофэкӏ.

Сыдэкӏуэм зэкӏужу дыздэпсэуфынут, уэрэйдэ, сэрмахуэ,

Мэрзейхэ сокӏуэри, Куэшийхэ къонэри, уей.

4.

Куэшийхэ я щӏалэм хабзэр зэрехьэри,

Куэшийхэ я щӏалэм хабзэр зэрехьэри,

ӏэзагъэ хэлъурэ дахэу мэуэршэр,

Уэршэрым мы сипсэр сӏэпихауэ щытми, уэрэйдэ, сэрмахуэ,

Куэшийхэ сокӏуэри, ӏэгуейхэ къонэри, уей.

5.

ӏэгуейхэ я щӏалэр псынщӏэрыкъафэщи,

ӏэгуейхэ я щӏалэр псынщӏэрыкъафэщи,

Къэфэну къытехьэм щӏыгур егъэсыс.

Сыдэкӏуэм сытхъэжу сигъэпсэуфынут, уэрэйдэ, сэрмахуэ,

ӏэгуейхэ сокӏуэри, Шыпшхэ къысфӏонэри, уей.

6.

Шыпшхэ я щӏалэри щӏалэ щӏэращӏэти

Шыпшхэ я щӏалэри щӏалэ щӏэращӏэти

Щӏагъыбзэ хэлъурэ хъыбар къысхуеӏуэху.

Хъуэрыбзэ дахэкӏэ сэ сыдихьэхами, уэрэйдэ, сэрмахуэ,

Шыпшхэ деж сокӏуэри, Къущхьэхэ къонэри, уей.

7.

Къущхьэхэ я щӏалэм уэрэд зэхелъхьэри,

Къущхьэхэ я щӏалэм уэрэд зэхелъхьэри,

Сызыхилъхьэ щымыӏэу фӏыщэу сыкъелъагъу,

Къущхьэхэ я щӏалэм фӏыщэу сыкъилъагъуми, уэрэйдэ, сэрмахуэ,

Къущхьэхэ сокӏуэри, адрейхэр къонэри, уей.