народная песня
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Урысым и пщышхуэр Кавказым къыхуолӏэ
Лӏыгъэр зэтрахыу жаӏэурэ, зауэр къыдащӏылӏэ
Псыикӏыж мы махуэхэр сыту лажьэшхуэ
Лажьэу къыттехьа мыгъуэхэм ди гур кърашхыкӏ.
Ар къыдэзыщӏылӏэр, гущэри, мелуанищэм щӏегъур
Зэращӏылӏэ лъэпкъыр ӏэбжьыб хуэдиз мыхъу.
Лӏы ящэхуагъэу тхэтхэри зэрыгъаблэ нэгухэ
Былымыжь нэкӏухэти ди хэгъуэгур ящэ.
Молэ ныкъуэу тхэтхэм уаз пхэнжхэр къытхуащӏыр
Дэ тхуэпсэу хуэдэу жаӏэурэ, леишхуэ къыдахыр
Нэджынэпцӏыу тхэтхэм, гущэ, загъэщихъышхуэ
Ахэм тхьэ ӏуэху дащӏри дызэтралъащӏэ.
Дэ ди хьэдэ пхъэбгъухэу ди щӏыбхэм ипхахэр
Ирыдагъэхыжыну жаӏэуэ, псори дагъэшынэ
Хым и уае сыджхэри кхъухь ныбэхэм къоуэ
Зэтелӏа бдзэжьейхэр ди бгъумкӏэ щызоуэ.
Урысым и пщышхуэхэр ӏэщэкӏэ къытхуолъыр
Муслъымэн хэгъуэгу гущэхэр нэфӏкӏэ къыдоплъыр.
Источник: Bjami Radio
ключевые слова: псыик1ыжым