ТЕКСТ ПЕСНИ:
Бжьыхьэ жэпым дыгъэр тепсэм,
Ар уэсэпсу мэкӏуэдыж.
Фӏыуэ слъагъум сыӏуплъамэ
Си гукъеуэр сщхьэщокӏыж.
Мыӏэрысэм и гъуэ мыхъуу
И мэ ӏэфӏыр къыпимых.
Лъагъуныгъэр гум нэсакъым,
Жыпӏэу уи псэр къыӏуумых.
Фӏыуэ слъагъум и щхьэцышхуэр
Лъаныкъуитӏкӏэ еухуэн.
А хъыджэбзыр къыздэмыкӏуэм,
Си гум дауэ ар техуэн?
Къуажэ пхъащӏэум унэ схуащӏу,
Бжэкъухэр дахэу яухъуэнщӏ.
Си лэгъунэр зэраухыу,
Лӏыкӏуэ уи адэм сэ хуэзгъэщӏ.
Бгым нэхъ лъагэр Ӏуащхьэмахуэщ,
Щӏэгъэкъуэни ар хуэмей.
Уэ узиӏэм, нэгъуэщӏ фӏыгъуэ
Сыщыхуейкъым мы дунейм.
Источник: @zhygue
Слушать бесплатно в исполнении Azmi Toğuzata
ключевые слова: ф1ыуэ сы1уплъамэ жэп жэпыр