Дыадыгэщ

Слова - Мадина Кертиева

Музыка - Хусен Шалов

Исполнители: Хусен Шалов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1.

Дыгъэм уэгур игъэдахэм, ды адыгэщ уей.

Ди щӏыналъэр жэнэт лъахэм, ды адыгэщ уей.

Дохъумэжыр ди лъэпкъ хабзэр,

Ди пшынэбзэр мэбзэрабзэ,

Пщӏэ худощӏыр вагъуэ шабзэм —

Ды адыгэщ уей.

2.

Мамырыгъэм дыхущӏэкъумэ, ды адыгэщ уей.

Ди щыгъыныр фащэ екӏумэ, ды адыгэщ уей.

Цӏыхум ди гур яхуэкъабзэм,

Ди мурадхэр зэщхьыркъабзэм,

Лъэпкъыу щыӏэр къыдэхъуапсэм —

Ды адыгэщ уей.

3.

Ди ӏэнэгур берычэтмэ, ды адыгэщ уей.

Джэгум уи лъэр щӏигъэлъэтмэ, ды адыгэщ уей.

Хьэщӏэр гуапэу къедгъэблагъэм,

Ныбжьэгъугъэр тӏэтмэ лъагэу,

Дыздэпсэумэ зы унагъуэу —

Ды адыгэщ уей.

Источник: http://lithasa.ru/