Дэнэ ущыхэт?

Музыка - Валерий Вороков

Слова - Нина Богатырева

Исполнители: Александр Новиков и Марианна Барагунова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Си насып – пщащэ дахэр, дэнэ ущыхэт?

И жэуап зэхэзмыхми, гур къыщӏеуэр хэт?

Си пщащэращ, ар уэращи, си псэ, уэ ухэт?

Ар уэращи, си псэ, си нэ дахэ, дэнэ ущыхэт?

Си насып – сэ сызэжьэри, хэту пӏэрэ, хэт?

Зи гухэлъ зыхэсщӏэнур сэ, псэм хэпщӏэнур хэт?

Си щауэращ, щэхууращи, си псэ, уэ ухэт?

Ар уэращи, си нэу, си псэ закъуэ, дэнэ ущыхэт?

Ди насып зэхыдошэри, дамэм псэр еӏэт,

Насыпитӏ зэроубыдыри, тхуэмыгуфӏэр хэт?

Ди гъащӏэращ, гур щӏэушэр, зыгъэусэр хэт?

Ар уэращи, си псэ, си нэ дахэ, ар зымыщӏэр хэт?

Источник: @zhygue