Адыгэкъуэ

Слова - Нелли Лукожева

Музыка - Арсен Жиляов

Исполнители: Азамат Хамурзов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Адэшхуэм ещӏыр гуфӏэгъуэ хасэ, анэм и фӏыгъуэу адэм и щӏасэ

Хъункъэ ди щӏалэр лъэпкъым и гъуазэ, ар дуней шхэпсщи иӏэкъым уасэ

Хьэлыуэ гъуэжьыр нанэ хуеубэ, кхъуейплъыжькӏэрыщӏэм и пӏалъэр къос

И лӏыгъэшыгъэм уэрэд хуаусу, псори къехъуапсэу хъунщ ар лӏы нэс!

Орирао, орирао, псори къехъуапсэу хъунщ ар лӏы нэс!

Уардэ унэжьрэ псэукӏэрыщӏэу, игу зытхьэкъуари и гъащӏэ гъусэу

Мурадыфӏ ищӏхэр ӏуэхукӏэ нигъэсу, хъункъэ ди щӏалэр лӏищэ я уасэ

Хьэлыуэ гъуэжьыр нанэ хуеубэ, кхъуейплъыжькӏэрыщӏэм и пӏалъэр къос

И лӏыгъэшыгъэм уэрэд хуаусу, псори къехъуапсэу хъунщ ар лӏы нэс!

Орирао, орирао, псори къехъуапсэу хъунщ ар лӏы нэс!

Шыхулъагъуэ гъуэгум шыбэ щигъасэу, тенджыз сыдж ӏэлхэр къыхуэгъэӏэсэу

Хэкум и дежкӏэ нэсып джэлэсу, хъункъэ ди щӏалэр щэ бжыгъэ уасэ!

Хьэлыуэ гъуэжьыр нанэ хуеубэ, кхъуейплъыжькӏэрыщӏэм и пӏалъэр къос

И лӏыгъэшыгъэм уэрэд хуаусу, псори къехъуапсэу хъунщ ар лӏы нэс!

Орирао, орирао, псори къехъуапсэу хъунщ ар лӏы нэс!

Орирао, орирао, псори къехъуапсэу хъунщ ар лӏы нэс!

Псори къехъуапсэу хъунщ ар лӏы нэс!

Псори къехъуапсэу хъунщ ар лӏы нэс!

Псори къехъуапсэу хъунщ ар лӏы нэс!