Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Фӏылъагъуныгъэм щхьэ уриджэгурэ?
Гурыщхъуэу щыӏэхэм аргуэру сыхэбдзэжащ.
Укъыздэкӏуэну псалъэ зэрыптрэ
Цӏыху мазэм кӏуэхэри ди щӏыгум къагъэзэжащ.
Убзыщӏми, сощӏэ, усхуогумащӏэ.
Пагагъыр къобэкӏми, уигу цӏыкӏур сэркӏэ пӏейтейщ.
Зыбгъэгусафэу напӏэр епхьэхми,
Си псалъэ ӏэфӏхэми аргуэру упоплъэ уэ.
Сызэрогуакӏуэр псоми сыкъащӏэ,
Пхуэдэ щымыӏэуи ныбжьэгъухэм сэ къызаӏуэкӏ.
Ауэ сэ лӏыкӏуэ фи деж незгъэщӏым
Жытӏэу щытахэри сигу хэщӏу уощӏыр зэхъуэкӏ.
Сыту хэплъэгъуэ уи фэрыщӏагъыр,
Сызэбгъэубзэкӏэ уи щӏыхьыр нэхъ лъагэ хъун?
Уи лъагъуныгъэм себгъэсыжыпэм
Ди деж уэ нысэуи хэт щхьэкӏэ къыпхуеижын?
Уэ си ныбжьэгъухэм щхьэ себгъэхъуапсэрэ?
Мы зы дакъикъэхэм зы цӏыхум зы цӏыхум сыремыщхьыж.
Зэгуэр ди унэ укъихьэхэнум,
Уэстащ сэ си гури, зэ закъуэ псэр гъэтыншыж.
Источник: @zhygue
ключевые слова: ф1ылъагъуныгъэм