Ислъэмей

Псалъэхэр зытхар - Емыкъуж М.

Макъамэр зытхар - Зэрамыщӏэ З.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Махуэшхуэ лъапӏэм ӏэгур пхуаӏэтыр,

Утыку къипшахэм ящӏ ислъэмей.

Езэшкъым зэикӏ уэ узыхэтыр,

Гурыщӏэ ӏэфӏкӏэ уогъэпӏейтей.

Припев:

Ислъэмей – адыгэ къафэ,

Ислъэмей - пситӏ къыбогъафэ,

Бгырыс къафэм уэ уринобэщ, уей.

Щӏалэ уэркъыбгхэр, хъыджэбз къуданхэр,

Псы хуэм тес къазу утыкум щос.

Уи къафэ псынщӏэм я лъэр дэжану,

Уи дэрэжэгъуэр псоми ялъос.

Припев.

Зи унэ уихьэм я гур бгъэину,

Пщэдей насыпым хуещӏ ислъэмей.

Ӏэгуауэ инкӏэ уожьу зэманым,

Ухэтым гъащӏэр мэхъу дахэкӏей.

Припев.

Фӏыр, къабзэр, екӏур худэхыу лъахэм,

Блэкӏар уи ныбжьу гъуэгу утетащ.

Лъапэкӏэ тету щӏалэгъуэ дахэр,

Къэфэну къихьэм уэгум етащ.

Припев.

Источник: @zhygue

ключевые слова: лъап1эм