Другие версии: Гукъеуэ уэрэд, Зугъэд и гъыбзэ | Версия 2
народная песня
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Ди цӏыкӏугъуэм щегъэжьауэ дэ дызэщӏыгъуат,
Мазэ ныкъуэр ди щыхьэту ӏэплӏэ зэхуэтщӏат.
Къызжепӏахэр дэнэ кӏуа? Щхьа ди псалъэм уепцӏыжа?
Гум имылъу ӏэплӏэ нэпцӏхэр хэт уэ епшэкӏа?
Джэгу къыщыхъукӏэ щӏалэгъуалэр къызэрогъэудж
Дэ ди джэгур ямыщӏыныр сыт къызыхэкӏар?
Сымаджэщым себгъэшащ, уи нэчыхьри ебгъэтхащ.
Лъагъуныгъэм уепцӏыжыныр сыт къызыхэкӏар?
Сымаджэщым и щхьэ дыдэм сыныдырашейр,
Лъагъуныгъэу гур зыкъутэр ныскӏэлъыдэкӏуейр.
Сытым щхьэкӏэ пуд сыпщӏа, лъагъуныгъи сыбгъэщӏа?
Лъагъуныгъэу сыбгъэщӏами ажал уз хэсхащ.
Фи уэрамым сынырокӏуэр услъагъун къысфӏощӏ,
Фи куэбжэпэм сыщыблэкӏкӏэ сигур къысӏэпокӏ.
Сытым щхьэкӏэ пуд сыпщӏа, лъагъуныгъи сыбгъэщӏа?
Лъагъуныгъэу сыбгъэщӏами щхьа уэ уепцӏыжа?
Гъащӏэр мащӏэт. Вагъуэижу сэри солъэтэж.
Дуней нэхуу, фӏыуэ слъагъур, сэ узобгынэж.
Ауэ зыкӏэ сынолъэӏу, сэ си лъэӏури схуэгъэпэж.
Уи унэцӏэм сицӏэр пытхи сыным нытетхэж.
Источник: https://vk.com/wall-35285511_71552
ключевые слова: щхьэк1э сыпщ1а сыбгъэщ1а, зугьэд гьыбзэ, сыздыщ1элъым, игъыбзэ