Адыгэ пащтыхьхэм я гъыбзэ (сокращенная версия)

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Кавказышхуэ гущэмэ и къуршхэри,

Ежьу: Уо!

Уэр, мы дунеишхуэ гущэмэ и тажи!

Ежьу: Уо!

Тэджэлейхэр ящыгъгуэрэ

Адыгэу исхэр щызокӏуэ!

Ежьу: Уо, рирэ-рирэу, рирари!

Тэджэлейхэр ящыгъгуэрэ,

Уар, адыгэу ис гущэхэр щызокӏуэ!

Зекӏуэлӏуэ щауэхэм

Хуарэ ӏэдэжхэр зэрашэ!

Уар, зекӏуэлӏуэ щауэхэм,

Уар, хуарэ ӏэдэж гущэхэр зэрашэ!

Дзэшхуэр зезышэрэм

Вагъуэшхуэ лыдыр и гъуази!

Уар, дзэшхуэр зезышэрэм,

Уой, вагъуэшхуэ лыд гущэхэр и гъуази!

Шу гъуазэ диӏэхэм

Гъуазэпщӏэ ӏыхьэхэр хухахи!

Уар, шу гъуазэу диӏэхэм,

Ар, гъуазэпщӏэ ӏыхьэ гущэхэр хухахи!

Хы щӏыб къикӏауэрэ

Тыркужьхэм я дзэхэм дозауэ!

Уор, хы щӏыб къикӏауэрэ,

Уар, тыркужьхэм я дзэ гущэмэ дозауэ!

Тыркужь зауэлӏхэмэ

Ди ныбэрылъхэр кърадзи!

Уар, тыркужь зауэлӏхэмэ,

Уай, ди ныбэрылъ гущэхэр кърадзи!

Сабий кърадзхэри

Тыркужьхэм я хьэхэм ныхуадзи!