ТЕКСТ ПЕСНИ:
Унэ лъэбышэу сызыщӏэсари, уей,
Унэ зэтеткӏэ зэсхъуэкӏыжакъэ, уей!
Кӏэртӏоф уэздыгъэу быным дгъэсари, уей,
Бахъсэн и нурым хэткӏухьыжакъэ, уей!
Мащӏэу дадэр набгъэ сыхъуами, уей,
Къуажэ кӏыхьыр къалэу солъагъури, уей!
Тхьэкӏумэ жьажьэ жьыгъэм сищӏами,
Пэжыгъэр зэхэсхыжащ.
Тхьэкӏумэ жьажьэ жьыгъэм сищӏами,
Пэжыгъэр зэхэсхыжащ.
Тӏэкӏу жьы сыхъуами, гукӏэ сыщӏалэщ, уей,
Си пкъыр ӏулӏами, си лъэр къысфӏофэ, уей!
Си пащӏэр тхъуари тӏэкӏу изогъалэ, уей,
Гуфӏэгъуэ хъуамэ хъуэхъубжьэ софэ, уей!
Мащӏэу дадэр набгъэ сыхъуами, уей,
Къуажэ кӏыхьыр къалэу солъагъури, уей!
Тхьэкӏумэ жьажьэ жьыгъэм сищӏами,
Пэжыгъэр зэхэсхыжащ.
Тхьэкӏумэ жьажьэ жьыгъэм сищӏами,
Пэжыгъэр зэхэсхыжащ.
Сэ си щӏалэгъуэм сымыщӏэгъуами, уей,
Адыгэ дадэу сыжьыщхьэмахуэщ, уей!
Насып жыхуаӏэр сымылъэгъуами, уей,
Иджы, си щӏасэ, си гъащӏэр махуэщ, уей!
Мащӏэу дадэр набгъэ сыхъуами, уей,
Къуажэ кӏыхьыр къалэу солъагъури, уей!
Тхьэкӏумэ жьажьэ жьыгъэм сищӏами,
Пэжыгъэр зэхэсхыжащ.
Тхьэкӏумэ жьажьэ жьыгъэм сищӏами,
Пэжыгъэр зэхэсхыжащ.
Мащӏэу дадэр набгъэ сыхъуами, уей,
Къуажэ кӏыхьыр къалэу солъагъури, уей!
Тхьэкӏумэ жьажьэ жьыгъэм сищӏами,
Пэжыгъэр зэхэсхыжащ.
Тхьэкӏумэ жьажьэ жьыгъэм сищӏами,
Пэжыгъэр зэхэсхыжащ.
Источник: книга Хаути Дударова "Куплеты"
Слушать бесплатно в исполнении Азми Тогузата
ключевые слова: сищ1ами