Щакӏуэ Хъызыр и гъыбзэ

Зыусар Хъызыр и щхьэгъусэщ

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1. Колхоз цӏыху мыгъуэхэр дызэхуэди,

Къэрал псо мыгъуэм сэ сыхуэдэтэкъэ?!

Гум дэмыхуэ мыгъуэр хъыбарыншэщ.

Уэр, собампӏэр, бампӏэм сехь!

2. Пхъуантэ кӏыхь мыгъуэри стӏолым тетщ,

Дунеижьым псэууэ тетмэ,

Хъыбарыншэми, тхьэ мыӏуэхут,

Уэр собампӏэр, бампӏэм сехь!

3. Сэмэлёт мыгъуэр пшэм ирокӏуэр,

Япэм къэкӏуами къахэкӏакъым,

Иджы гуэрым хъыбарыншэ мыгъуэщ.

Уэ Даду мыгъуэр хъыбарыншэщ.

Зауэлӏым и фызым иусауэ иджыри зы гъыбзэ щапхъэ къэтхьынщ. Инжыдж цӏыкӏу къуажэм щыпсэу Щакӏуэхэ Хъызыр зауэм щыӏэу и хъыбар къэмыкӏуэжу щызэпыум, и щхьэгъусэ Мэрян мы гъыбзэр иусащ. Уэрэдыр къыджезыӏар езыр зыуса Мэрянщ.

Мэрян гъыбзэр иуса нэужь, Хъызыр и письмо къакӏуэу щӏидзэжащ. Зауэри щиухым, Хъызыри къэкӏуэжри, яӏуэтэжащ, абыхэм я деж сыщыхьэщӏащ, уэрэдри абы щыстхауэ щытащ. (Къардэнгъущӏ Зырамыку)

Источник: https://zdamsam.ru/b45257.html

ключевые слова: щак1уэ