Слова - А. Ханфенов
Музыка - Умар Тхабисимов
Исполнители: Валентина Сосмакова
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Сыдыхьэу жаӏэ гуми псэми.
Ар пэжмэ, уи гум иӏэн лъагъуэ.
Сыхъыджэбз дахэу жаӏэ псоми.
Ар пэжмэ, уэ щхьа сомылъагъурэ.
Нэхущым дыгъэр уи уанэгуу,
Мазэр бгъэджэгуу жэщхэр хъуамэ,
Хэбгъэщту вагъуэ ущӏэтщ нэгум,
Хэщтыкӏыу си гум уэрщ ихъумэр.
Удзыпэр хъеймэ, бзу хэлъэтмэ,
Уиш лъапэрапэу ара сфӏощӏыр.
Шы гъусэу зи псэр пщӏыгъур хэтми,
Уэ зэрумыщӏэм сигу дыхощӏыр.
Гур мыплъэм, нэри плъэркъым жаӏэр.
Уи гур дэушрэ си уэрэдым?
Къыщӏэплъэм си нэм уэ уи нитӏыр,
Къэпщӏэнт абыхэм уэ къыбжаӏэр.
Слушать бесплатно в исполнении Валентины Сосмаковой
ключевые слова: жа1эр жа1э