Мылъку куэд

ТЕКСТ:

Уоооо, СССР-ыр щакъутэжым

Мылъку куэд къыхэсхащ,

Сыщылажьэу щыта лэжьапӏэр

Тыкуэн защӏэ сщӏащ.

Припев:

Мылъкуфӏ, мылъкуфӏ

сиӏэщ сэ фи ней,

Си гъунэгъуи софий, софий

Си жагъуэгъуи софий, софий

Си лъэпкъэгъуи, си хэкуэгъуи

Фи цӏыхумэ, фи…

Мерседесыр си маршынэщ

Фепщэ фэ кӏэфий,

Ӏэгум, ӏэгум, ӏэгум, ӏэгум

Феуэт хьэнэфий.

Гуэншэрыкъым фыкъыхуэнэм

Сэ фэсщэнщ пщэдей, ӏэгужи, ӏэгужи

Къэмыфэр си бийщ.

Оооо, кӏэмсэмолым сыкъыхэкӏри

Партым сыхыхьащ,

Ди компартыр зэрадзэкӏри

Бизнесмен сыхъуащ.

Припев.

Оооо, сыхуэныкъуэкъым сэ зыри

Сызыхуейр согъуэт,

Си хъумакӏуэм зегъэзыжри

Си бжэщхьэӏум тетщ.

Припев.

Оооо, зэзмыпэсрэ япэ къэсыр

Долларыр си куэдщ,

Сыхуей хъумэ уеблэмэ

Псынщӏэу сыухуэнщ завод.

Припев.

Оооо, лӏибгъур зы джэдыгуми

Сэ сыджэдыгуибгъущ,

Сэ хэт къыздэджэгуми

Щысщӏынщ гъащӏэм кӏэбгъу.

Припев.

Оооо, мерседесыр сыужэгъури

Волвэу зэсхъуэкӏащ,

Бампӏэщ бампӏэщ си гъунэгъури

Абы илӏыкӏащ.

Припев.

Ооооу, сакъыхощыр сызыхэтым

Мылъкукӏэ сыгъунэжщ,

Си пщӏантӏэпси зыри хэткъым

Ауэ си куэдыжьщ.

Припев.

Источник: www.oredade.ru