Пхузэхелъхьэ си гум зы уэрэд

Слова - Петр Кажаров

Музыка - Заур Жириков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уи гуапагъэрщ, дахэ,

Си псэр зылъыхъуар,

Уи дахагъэрщ, си псэ,

Уи нэм щӏэслъэгъуар,

А дахагъэр дахэу

Дэнэ пхуэхьыжын,

Сщӏэмэ,

Ар уэрэдкӏэ зэрыбжесӏэжын?

Сызыгъэгумащӏэр

Лъагъуныгъэ нэсщ.

Сежьэм,

Сызэжьэнур

Уи псэр зыхунэсщ.

Си гуфӏэгъуэ дыгъэм

Махуэ къысхуегъэщӏ,

Махуэ къысхуэбгъэщӏым

Си щхьэр хузогъэщхъ.

Припев:

Гъащӏэм и пэщӏэдзэу

Гугъэр зыпэплъар

Уэрат.

Сызыпэплъа гуэру,

Уэ узимурадщ.

Пхузэхелъхьэр си гум

Уи псэр зыщыщӏауэ

Зым зэхимыхауэ зы уэрэд.

Сэркӏэ лъагъуныгъэр

Псынэпс къабзэ уэрщ,

Ар уэмыщхьыжынум,

Унэгъуэщӏ зыгуэрщ.

Содэр абы щыгъуи,

Пхэлъмэ си насып,

Пхузэблэкӏ псалъыхъухэм

Япэу сынэсынщ.

Источник: @zhygue

ключевые слова: щ1эслъэгъуар