Нысащӏэ

Исполнители: Хусен Шалов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Нобэ ди махуэщ, ди хьэгъуэлӏыгъуэщ,

Уи нэгум нурыр къырех, си дахэ.

Дунейм нэхъ лъапӏэу темыт зы фӏыгъуэ,

Мэгъагъэ ди псэу зэрыгъуэтахэр.

Припев:

Уэ сыпӏуплъэхукӏэ къолъэтыр си гур,

Апхуэдэу нобэ щхьэ удэхащэ!

Дэ ди гуфӏэгъуэр имыхуэ уэгум,

Полыдыр дыгъэм адыгэ фащэр.

Нэхъ дахэ теткъым уэр нэхъ мы щӏыгум,

Сэ гъащӏэу сиӏэр тыгъэ пхуэсщӏынущ.

Уи лъагъуныгъэ хыхьащи си гум

Сэ сыпсэухукӏэ ар згъэпэжынущ.

Припев.

Ныбжьэгъуу диӏэр дэ къыддогуфӏэ,

Гъэнщӏауэ хъуэхъукӏэ яӏэтыр джэгур.

Сыхуейщ ухъуну уэ насыпыфӏэ

Имыкӏыу гуфӏэр, си псэ, уи нэгум.

Припев.

Источник: oredade.ru