Сыныпщӏогупсыс

Слова - Ф. Канкулов,

Музыка - А. Дауров,

Исполнители: Ольга Сокурова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Си дыщэ ӏэлъыныри,

Ӏэпэм изогъэкӏурэ,

Бжесӏэн езмыгъэкӏуурэ,

Мы си щхьэм уезгъэкӏуурэ,

Сыныпщӏогупсыс.

Мы ди гупэ бгыпэмэ,

Ӏэщхэри щагъэхъурэ,

Балигъ сызэрыхъурэ,

Нэкӏэрэ узгъэхъуурэ,

Сыныпщӏогупсыс.

Пшынэр зэгузохыри,

Уи цӏэрщ гум къырихыри,

Жаӏи зэхэзмыхыурэ,

Мы си гум уизмыхыурэ,

Сыныпщӏогупсыс.

Гъатхэми, гъэмахуэми,

Бжьыхьэми, щӏымахуэми,

Сыт щыгъуи сыппэплъэурэ,

Гъащӏэм сыхигъаплъэурэ,

Сыныпщӏогупсыс.

Гъуджэм иплъэрейхэмэ,

Дагъуэ зыхуащӏыжымэ,

Дагъуэ лъэпкъ пхуэзмыщӏурэ,

Уэри сыкъыумыщӏэурэ,

Сыныпщӏогупсыс.

Источник: @zhygue

Слушать бесплатно в исполнении Ольги Сокуровой

ключевые слова: сыныпщ1огупсыс МО ДИГУПЭ 1ЭЩХЭРИ СыныпщIогупсыс