ТЕКСТ:
Уи ӏэ цӏыкӏухэр сигу къокӏыжыр щабэу
Сипщэм хуабэу къызэрепшэкӏар,
Сэ зэхэсщӏэт уигум къыриху хуабэр
Дыкъэфэну дыкъыщыдэкӏам.
Къытырихьэт пшагъуэ уафэ къабзэм,
Зэм тырихурт, зэм къытрихуэжт,
Къытехуауэ бэлыхьышхуэр сипсэм
Пшагъуэм уэри усфӏыхэкӏуэдэжт.
Припев:
Дауэ хъуну? Сытхэр сщӏэну сэ?
Сигум дауэ уизгъэхуну уэ?
Ныпхуэсщӏащи лъагъуныгъэр уэ
Сесыр, сес абы и лыгъэ сэ.
Гукъинэж щыхъуащ а уи нэ цӏыкӏухэр,
Гуфӏэу нэбжьыц пщтырхэм къысхущӏэплът.
Ӏущэщамэ щабэу ӏупэ цӏыкӏухэр
Зыныпщызмыгъэнщӏу сэ сыноплът.
Ныпхуэсщӏа мурадхэр ныбжесӏэнут,
Уэстыпэнут гъащӏэу сиӏэр уэ.
Уэ уи гугъэм уиӏэр тезгъэхуэнут
Укъэзгъуэтыжам, си дахэ, уэ.
Припев.
Источник: www.oredade.ru