Си щэху

Макъамэр зытхар - Вэрокъуэ К.

Псалъэхэр зытхар - Багъэтыр Н.

Исполнители: Марианна Барагунова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Дызогуэш си щэху

Псыежэх жьгъырум,

Си гухэлъ и щэху,

Си гупсысэ ӏэфӏ,

Фӏыщэурэ слъэгъуам

И гурыщӏэ нэху,

Дызогуэш и щэху

Псыежэх ерум.

Припев:

Лъагъуныгъэр зэи зым хуэмыбзыщӏ,

Имыӏуатэм зым – и гур хощӏ адрейм,

Лъагъуныгъэр зэи зым хуэмыбзыщӏ,

Жимыӏэжым жьым, жиӏэжынщ ар псым.

Лъагъуныгъэр зэи зым хуэмыбзыщӏ,

Хуэмыӏуатэм зым – и гур хощӏ адрейм,

Лъагъуныгъэр зэи зым хуэмыбзыщӏ,

Жимыӏэжым бгым, жиӏэжынщ ар псым.

Си гурыщӏэ ӏэфӏ

Хузоӏуатэр хым,

Занщӏэу хъуащи фӏэфӏ

Ар толъкъуным ӏуех,

Зэлъещӏысыр псым,

Ткӏуэпсу зы хэмын,

Си дуней и ӏэфӏ

Щызэхащӏэ хым.

Припев.

Си гухэлъ и ӏэфӏ

Щызэхах дунейм,

Си гум, си псэм фӏэфӏ

И хъыбарым хуейм,

Зыхуэвгъазэ псейм,

Зыхуэвгъазэ бжейм,

Е феупщӏ жыгейм,

Къывжаӏэнщ фыхуейм.

Припев.

Источник: @zhygue

ключевые слова: 1эф1