Къру

Исполнители: Заур Тутов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Саӏуплъэм си гур къилъэтти

Кърухэм занщӏэу ӏэ хуэсщӏт.

Къемыплъэкӏыххэу блэлъэтти,

Сэ си гур ахэм хагъэщӏт.

Къру-у, къру-у, къру-у,

Фи гугъэр си гум и плъэапӏэт.

Къару, къару, къару

Фхурикъумэ си псэм и гуапэт.

Кърухэр дэнэ зыдэкӏуэр,

Жысӏэурэ дадэ сеупщӏт.

Зэӏууэрт абы и нэгур,

Жэуапыр и нэгум къищт.

Гухэщӏ, гухэщӏ, гухэщӏ

Къызатыр ахэм, си тӏасэ.

Хамэщӏ, хамэщӏ, хамэщӏ

Лъэтэжхэм уэ уемыхъуапсэ.

Кърухэр дэнэ зыдэкӏуэр,

Си щӏалэр сэ къызоупщӏ.

Зэӏуоуэ занщӏэу си нэгур,

Кърухэм гъуэгум хагъэщӏ.

Гухэщӏ, гухэщӏ, гухэщӏ

Къызатыр ахэм, си тӏасэ.

Хамэщӏ, хамэщӏ, хамэщӏ

Лъэтэжхэм уэ уемыхъуапсэ.

Гухэщӏ, гухэщӏ, гухэщӏ

Къызатыр ахэм, си тӏасэ.

Хамэщӏ, хамэщӏ, хамэщӏ

Лъэтэжхэм уэ уемыхъуапсэ.

Лъэтэжхэм уэ уемыхъуапсэ…

Лъэтэжхэм уэ уемыхъуапсэ…

Лъэтэжхэм уэ уемыхъуапсэ…

Лъэтэжхэм уэ уемыхъуапсэ…

Источник: oredade.ru