Гуфӏэгъуэ махуэ

Исполнители: Ахмед Шогенов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Пщэдджыжь нэхулъэр къытхущӏэкӏауэ

Бзухэр бзэрабзу къыддэушащ,

Дыгъэм и нурыр къытхукъуэкӏауэ

Махуэщӏэр гуапу къедгъэблэгъащ.

Удзыщӏэ щхъуантӏэр зэщӏэгъэгъауэ

Гугъэр хъуэпсэгъуэу зыӏэпишащ,

Къалэр дэхащэу гъэщӏэрэщӏауэ

И фӏыгъуэр куэду дигъэгъуэтащ.

Припев:

Гуфӏэгъуэ махуэр ину дгъэлъапӏэу

Мэгушхуэ нобэ си Къэбэрдей,

Уи къафэ макъым джэгур зэхишэу

Щӏалэгъуэ дахэу уэ си дуней.

Щӏыналъэ дахэ пэпщӏын щымыӏэу,

Дахагъэу щыӏэр уэ къыпхалъхьащ,

Уи Ӏуащхьэмахуэр лъагэу къытхэплъэу

Къурш псынэ къабзэ къытлъэӏэсащ.

Адыгэ лъэпкъыр дуней мыухыжу

Махуэшхуэр гуапу къытхуэупсащ,

Адыгэ хабзэр зэи мыкӏуэдыжу

Гъащӏэ насыпу зиузэщӏащ.

Припев.

Источник: www.oredade.ru