Мэлыхъуэ щӏалэм и гъыбзэ

народная песня

Исполнители: Noba Rey

Категории: кабардинские песни

Другие версии: Мэлыхъуэ щӏалэм и тхьэусыхэ, Мэлыхъуэм и гъыбзэ

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Си мэлыхъуэ башыр си пӏэщхьэгъкэ,

Си мэлыхъуэ башыр си пӏэщхьэгъкэ,

Сэ къазыц пӏэщхьэгъ мыгъуэми сыщӏобэгри.

Сэ мэлыхъуэ ӏэнлъэр си уэншокукъэ,

Сэ мэлыхъуэ ӏэнлъэр си уэншокукъэ,

Сэ бацэ уэншэку мыгъуэми сыщӏобэгри.

Ар Алътудмэ и ӏуащхьэр уи ӏуащхьэшхуэщ,

Ар Алътудмэ и ӏуащхьэр уи ӏуащхьэшхуэщ,

Мо шышхуэ къакӏуэ мыгъуэр Кушыкупщ къысфӏощӏ.

Ар мэлыхъуэ пщашэм шэр егъэпщткъэ,

Ар мэлыхъуэ пщашэм шэр егъэпщткъэ,

Сэ шэ гъэпщта тӏэкӏу мыгъуэм сыщӏобэгри.

Сэ ныжэбэ жэщым вагъуэр собжкъэ,

Сэ ныжэбэ жэщым вагъуэр собжкъэ,

Сэ си мэлым и бжыгъэ мыгъуэр хэт жесӏэну?

Лэгъуп пкъо зэхуакум сыкъыдоплъыр,

Лэгъуп пкъо зэхуакум сыкъыдоплъыр,

Сэ си мащэр ятӏ мыгъуэурэ, уей, солъагъур.

Источник: книга З. П. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"

Послушать бесплатно в исполнении группы "Noba Rey"

ключевые слова: мэлыхъуэм, щ1алэм мэл1ыхъуэ