Гъатхэ бзу уэрэд

Музыка - Ибрагим Маремкулов

Слова - Аслан Хаупшев

Исполнители: Ибрагим Маремкулов & Марат Казаков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Гъатхэ бзу уэрэд щэхуу зэхызох.

Гур зыпэплъэ, сипсэ, сощӏэ зэхыбох.

Вагъуэм и дахагъэр ар уэра къысщохъу,

Сигум фӏэфӏыу жиӏэр ар уэращ.

Псалъэ дахэм сигур фӏы къысхуищӏыурэ,

Сигум илъ макъамэр уэ пхуэсщӏащ.

Уафэм сыдоплъей, пшэхэм сыхуоплъэкӏ.

Укъызэплъ къысфӏэщӏыу, сигум уэ укъокӏ.

Гъатхэм и дахагъэр ар уэра къысфӏощӏ,

Сигум фӏэфӏыу жиӏэр ар уэращ.

Псалъэ дахэм сигур фӏы къысхуищӏыурэ,

Сигум илъ макъамэр уэ пхуэсщӏащ.

Псыежэхым щӏым лъагъуэ тырещӏыхь.

Ди жагъуэгъу и псалъэ, сипсэ, томыщӏыхь.

Насыпитӏыр зы зыщӏыр дитхьэращ,

Хэплъэ ищӏри мащӏэм къыхихар уэращ.

Лъагъуэм и дахагъэр ар уэра къысщохъу,

Сигум фӏэфӏыу жиӏэр ар уэращ.

Псалъэ дахэм сигур фӏы къысхуищӏыурэ,

Сигум илъ макъамэр уэ пхуэсщӏащ.

Гъатхэм и дахагъэр ар уэра къысфӏощӏ,

Сигум фӏэфӏыу жиӏэр ар уэращ.

Псалъэ дахэм сигур фӏы къысхуищӏыурэ,

Сигум илъ макъамэр уэ пхуэсщӏащ.