Исполнители: Альберт Тлячев
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Къалэ куэдым теплъэ дахэкӏэ уакъыхощыр,
Уи нэхъыжьхэм, уи цӏыхуфӏхэм пщӏэ хузощӏыр.
Бахъсэныпсыр зэм мэутхъуэ — зегъэпагэ,
Зэм къабзабзу пщащэ нащхъуэу зегъэщӏагъуэ.
Бахъсэныпсыр зэм мэутхъуэ — зегъэпагэ,
Зэм къабзабзу пщащэ нащхъуэу зегъэщӏагъуэ.
Хьэщӏэр икъукӏэ уогъэлъапӏэ, Бахъсэн лъахэ,
Уи къеблагъи, уи гъуэгумахуи псори дахэ.
Екӏуу-ещхьу, купщӏэ иӏэу жьыр мэхъуахъуэ,
Щхьэгъэрытым — махъсымэпсыр къахуигъахъуэ.
Екӏуу-ещхьу, купщӏэ иӏэу жьыр мэхъуахъуэ,
Щхьэгъэрытым — махъсымэпсыр къахуигъахъуэ
Припев:
Уи фӏыщӏэм си гур хуоусэ,
Адыгэ хэку, си дуней.
Уэ уи уэрэдыр си гъусэ,
Бахъсэн щӏыналъэри, ей.
Уи фӏыщӏэм си гур хуоусэ,
Адыгэ хэку, си дуней.
Уэ уи уэрэдыр си гъусэ,
Бахъсэн щӏыналъэри, ей.
Фыз къэпшэну щхьэм къихьамэ умыпӏащӏэ,
Бахъсэн пщащэм и дэхагъэр псоми ящӏэ.
Уигу ирихьмэ нысэ цӏыкӏур унэм къашэ —
Дыгъэгуфӏэ, дыхэгъаплъэ уи нысашэ.
Уигу ирихьмэ нысэ цӏыкӏур унэм къашэ —
Дыгъэгуфӏэ, дыхэгъаплъэ уи нысашэ.
Припев.
Къалэ куэдым теплъэ дахэкӏэ уакъыхощыр,
Уи нэхъыжьхэм, уи цӏыхуфӏхэм пщӏэ хузощӏыр.
Бахъсэныпсыр зэм мэутхъуэ — зегъэпагэ,
Зэм къабзабзу пщащэ нащхъуэу зегъэщӏагъуэ.
Бахъсэныпсыр зэм мэутхъуэ — зегъэпагэ,
Зэм къабзабзу пщащэ нащхъуэу зегъэщӏагъуэ.
Припев.
Источник: http://oredade.ru/bahhsen-xhache-axbert/