Къул Барэсбий и гъыбзэ

Зыусар Барэсбий и шыпхъум ипхъу Журт Луцэщ

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1. Фашистыжьхэр Хэкум къохьэ,

Партизанурэ Барэсбийр

Укӏыкӏейуэрэ яукӏа мыгъуэщ, уей!

2. Барэсбий мыгъуэм щхьэц игъэкӏырт.

Гукъэкӏ ӏей мыгъуэр къыпхуащӏаурэ,

Укӏыкӏейуэрэ уаукӏа мыгъуэщ!

3. Ӏэлъын цӏыкӏури мыщӏэ закъуэщ,

Барэсбий мыгъуэм имызакъуэу,

Ядэр щӏыгъуурэ яукӏа мыгъуэщ.

Фашистхэр Зэрыгъыж къуажэм щынэсам, бзэгукӏэ партизанхэр, гупышхуэ хъууэ, къаувыхьри зэтраукӏауэ щытащ. Зэрыгъыж партизан гупым яхэту яукӏа Къулхэ Барэсбий мы гъыбзэр хуаусащ.

«Къул Барэсбий и гъыбзэр» зыусари къыджезыӏари Барэсбий и шыпхъум ипхъу Журт Луцэщ, Псыгуэнсу хъыджэбз цӏыкӏуищ и гъусэу.

Источник: https://zdamsam.ru/b45257.html

ключевые слова: ук1ык1ейуэрэ