Узмылъагъумэ

музыка народная

слова - Доган Кушха

Исполнители: Азамат Биштов, Доган Кушха

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1.

Сэ уэ узэрыслъагъурэ уи мафӏэм сэ сесыр.

Согъыри – соукӏытэ, сымыгъщи – сызэгуоуд.

Мы дунеижьышхуэм жагъуэгъу щызикуэдщ,

Уэ си дуней, еу мыгъуэ, сыунэхъужа мыгъуи сэ.

2.

Си шыгъуэжь цӏыкӏури кӏэбдзкӏэрэ согъатхъуэр,

Уи лъагъуныгъэми сэ сигъэтхъуа мыгъуи сэ.

Жагъуэгъу зимащӏэм сыту и насып!

Си дахэкӏей, си гущхьэр къытебэга мыгъуи сэ.

3.

Мо ди ӏуащхьэжьыми дыгъэр кӏэредзэри,

Сигу укъыщридзэкӏэ, мафӏэр къысщӏонэ мыгъуэ сэ.

Лъагъуныгъэ мафӏэр сыту къарууфӏэ,

Сэ си дуней, яжьэ сыхъури сылъэлъэжа мыгъуи сэ.

4.

Мо дыгъэ бзийхэри нэм къыщӏоджагуэри,

Джэгум укъыхэхьамэ мы си гур схуэмыубыдыж.

Лъагъуныгъэ щэхур нахуэ къысфӏэхъунущ,

Си дахэкӏей, ей мыгъуэ, схуэмышэчыжыну мыгъуэ сэ.

5.

Гъатхэм и дахагъэм цӏыхупсэр дехьэхыр,

Сэ си псэр дэзхьэхар жагъуэгъум сфӏагъэкӏуэдай.

Сызэгуэмыудыпэу зэ сыныпӏуплъэжтэм,

Си дахэкӏей, дуней кӏыфӏыр нэху къысщыхъуну мыгъуэт сэ.

Макъамэр истамбылакӏуэхэм здырахыжауэ уэрэдыжь дыдэщ. Ауэ 1984 гъэм Къущхьэ Догъан псалъэхэр щӏэуэ хилъхьэжащ.

Источник: Тыркуем ис адыгэхэр.

Скачать MP3 в исполнении Догана Кушха

Ключевые слова: ЯЖЬЭ СЫХЬУРИ СЫЛЬАЛЬЭЖАЩ, си дахэк1ей, си дахэкIей, си дахэкlей, ЯЖЬЭ СЫХУРИ СЫЛЬАЛЬЭЖАЩ, жэгьуэгьур зи мащlэм, согьыри соук1ытэ