Си лъагъуэ

Музыка - Джабраил Хаупа

Слова - Хабас Бештоков

Исполнители: Заур Тутов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Си нэхунэ, си гукъуэпс, си лъагъуэ,

Сыкъэкӏуащ аргуэру сэ уи дей,

Ауэ фӏыуэ слъагъур птезмылъагъуэ,

Щӏэспщытыкӏми сыкъыу уи сэтейр.

Мес - иджыри жыгхэр уэ уи жьауэщ,

Пщӏащэм ӏущэщэныр ямыух,

Ауэ фӏыуэ слъагъур къыспежьауэ

Ахэм сэ къызжаӏэу зэхэзмых.

Дэнэ, сигу сымаджэ, уздэпӏащӏэр?

Ба хуэпщӏыну хэт зызыхуэпшийр?

Гъатхэ кӏуауэ, пӏэщӏэкӏащ уи пщащэр,

Арщ ерыщу сэ ущӏэзущийр.

Мес - иджыри жыгхэр уэ уи жьауэщ,

Пщӏащэм ӏущэщэныр ямыух,

Ауэ фӏыуэ слъагъур къыспежьауэ

Ахэм сэ къызжаӏэу зэхэзмых.

Си нэхунэ, си гукъуэпс, си лъагъуэ,

Сыкъэкӏуат аргуэру сэ уи дей,

Ауэ фӏыуэ слъагъур щӏэзмылъагъуэ

Ди дэлэлу щытыгъа жыгейм.

Мес - иджыри жыгхэр уэ уи жьауэщ,

Пщӏащэм ӏущэщэныр ямыух,

Ауэ фӏыуэ слъагъур къыспежьауэ

Ахэм сэ къызжаӏэу зэхэзмых.

Источник: https://youtu.be/mpEM3t93tV0