Сурэт

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уи сурэтым гуапу соӏущащэ,

Уи сурэтым щабу ӏэ дызолъэ,

Къысхуэгуфӏэу сфӏощӏыр нэ дэхащэр,

Схущымыхуэу гур сыноплъ.

Уи сурэтым сеплъым сыкъохуабэ,

Уи сурэтым сеплъым мафӏэм сес,

Зэхызощӏэр псэкӏэ уи гу щабэр,

Мэлыӏыч къысфӏощӏыр стес.

Припев:

Мазэ дахэр къаблэу, къаплъэу уэгум къитӏысхьащ,

Мазэ дахэм къаблэу, къаплъэу уэгур нэху къищӏащ,

Си гум, дахэ, укъэкӏащ,

Си гур, дахэ, пхуэзэшащ,

Уи деж абы сыришэжьащ.

Дызэгъусэу пшыхьыр здэдгъэкӏуамэ

Гурыфӏыгъуэ сиӏэу сыкъокӏуэж,

Унэм ди бжэщхьэӏум себэкъуамэ

Уи сурэтыр къызощтэж.

Припев.

Источник: oredade.ru