Хьэгъуэлӏыгъуэ къафэ

Уэрэдыр зытхар - Пщынокъуэ Б.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Лъэпкъ зэхэгъэжым и лъэужь щыӏэжкъым куэд щӏау ди деж.

Ди гъащӏэ дахэм хуауса уэрэдхэр жытӏэу десащ.

Пщащэуэ диӏэхэм гур яхьэхуф, хуэфащэ щӏали дохъуф.

Гухэхъуэ зимыӏэу зыри тхэмыт, гъащӏэфӏым дэ дыщогугъ.

Къуажэр жыг хадэм ихуэпащ, мы жылэм сихьэхупащ,

Пщыхьэщхьэ пшэплъри бгым къыдоплъ, ди хьэгъуэлӏыгъуэми къоплъ.

Ди фӏыщӏэу гъавэри бэв тхуэхъуащ, ӏэщхэр бжыгъэншэу бэгъуащ,

Пщащэ ӏущащэри нысэ тхуэхъуащ, хьэблэр гуфӏэгъуэм хэтшащ.

Нэгъуэщӏ унагъуэ сыкъикӏащ, адыгэ нысэ сыхъуащ.

Си псэу Муратхэ сыкъашащ, си плъапӏэм и гъуэгу сыхъуащ.

Ди хьэгъуэлӏыгъуэри зэщӏэплъащ, лэгъуп-шыуани фӏалъащ.

Пшыналъэм шууейхэр ӏэзэу доджэгу,

Щолъалъэр ди пщӏантӏэм ӏэгу.

Сэ си нэ си псэу, си Мурат, къысхуэту щыӏэр уэрат,

Ди лъагъуныгъэр мыкъутэнщ. Пэжыгъэр дякум дэлъынщ.

Дапщэщи си гъащӏэм и гъусэр уэрщ, насыпу згъуэтари уэрщ.

Ди дади ныщхьэбэ щӏалэ хъужау, мэджэгур, нанэ дишау.

Нэхъыжьхэм хъуэхъур дэ тхуаӏэт, утыкум къохьэр Мурат,

Си мыгъуэ закъуэр къос си деж, къэфэну сэ сыкъыдеш.

Къэфэнкӏи лэжьэнкӏи дыпэрытынщ, унагъуэ лъэщи дыхъунщ,

Къэфэнкӏи лэжьэнкӏи дыпэрытынщ, унагъуэ лъэщи дыхъунщ.

Источник: @zhygue

ключевые слова: хьэгъуэл1ыгъуэ