Си анэ (Псы ӏущащэр бгым йожэхыр)

Исполнители: Атмир Кумышев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Псы ӏущащэр бгым йожэхыр

Псэм ифӏэфӏ мэкъамэ.

Уэ уи макъым сыщӏодэӏур,

Си псэм хуэдэу си анэ.

Уэ уи нитӏыр къыскӏэлъыплъмэ,

Уи ӏэр къыздэплъамэ,

Пшэ нэщхъейхэр къысщхьэщокӏыр

Асыхьэту, си анэ.

Ӏэфӏагъэу си гум пхуилъыр, си анэ,

Техуэнкъым зэуэ мы дунейм.

Си анэ лъапӏэ, дыщэ вагъуэ

Схуэпщӏащ уэ лъагъуэ си пщэдейм.

Мы дунеишхуэм фӏыгъуэу телъыр

Зыхуэзгъэфащэр уэ зыращ.

Быныр псэухукӏэ къэзыхъумэр

Анэм и псэ закъуэращ.

Къуэрылъху цӏыкӏухэм таурыхъ дахэ

Уахуеджэн щӏэбдзамэ,

Сабиигъуэр сигу къокӏыжыр,

Дыгъэ нэхуу си анэ.

Гъэрэ щӏырэ зэпысчынти,

Къыстекӏэнти дамэ.

Схупыщэну сщӏам уи гъащӏэм

Сыхьэт закъуэ, си анэ.

Ӏэфӏагъэу си гум пхуилъыр, си анэ,

Техуэнкъым зэуэ мы дунейм.

Си анэ лъапӏэ, дыщэ вагъуэ

Схуэпщӏащ уэ лъагъуэ си пщэдейм.

Мы дунеишхуэм фӏыгъуэу телъыр

Зыхуэзгъэфащэр уэ зыращ.

Быныр псэухукӏэ къэзыхъумэр

Анэм и псэ закъуэращ.

Ӏэфӏагъэу си гум пхуилъыр, си анэ,

Техуэнкъым зэуэ мы дунейм.

Си анэ лъапӏэ, дыщэ вагъуэ

Схуэпщӏащ уэ лъагъуэ си пщэдейм.

Мы дунеишхуэм фӏыгъуэу телъыр

Зыхуэзгъэфащэр уэ зыращ.

Быныр псэухукӏэ къэзыхъумэр

Анэм и псэ закъуэращ.