ТЕКСТ ПЕСНИ:
Мэзгуащэри и адэжь къуажэми, уей,
И дыгъэ-мази, уэуи.
Дунейм зызэдигъазэри, уей,
Мэзгуащэ дахи.
Хэкужьым къыхэжаныкӏри, уей,
Мэзгуащэ лъохъурэ, уэуи.
Псэлъыхъукӏэ къэмыубзари, уей,
Мэзгуащэ дахэщ.
Лӏыгъэжьыр зыхуримыкъуми, уей,
И хьэр трахыжкъэ, уэуи.
Яхь пэтми, яхуэмыхьри, уей,
Мэзгуащэ дахэщ.
Багъмэ фэ фи Мыкӏуакӏуэри, уей,
Дзэм нытрахкъэ, уэуи.
Трахыжа гущэри, уей,
Мэзгуащэ дахэщ.
Къэбэрдейм я нэхъ лӏы пажэхэр, уей,
Уи щӏэупщӏакӏуэт, уэуи.
Дахэм къыщӏэупщӏахэри, уей,
Шыщхьэзэфӏэдзэт.
Хъаныкъуэм и хакӏуэжьитӏри, уей,
Къызэдолъэхъурэ, уэуи.
Псэлъыхъууэ уиӏа псори, уей,
Утыку къибнакъэ.
Хьэкуринэм фи Хьэтуушхуэми, уей,
Бжаблэр къыхечи, уэуи.
Тӏатӏырхэ фэ фи гъы макъми, уей,
Мэлхэр егъащтэ.
Жамытыкъуэхэ я зэкъуэшищри, уей,
Тхьэм ныщогугъыр, уэуи.
Фэ фи усакӏуэ ибэри, уей,
Хэт щыгугъыну.
Мэзгуащэ дахэ, дахэ псом я дахэ!
Мэзгуащэ дахэ, дахэ псом я набдзэ!
Мэзгуащэ дахэ, дахэ псом я мазэ!
Мэзгуащэ дахэ, дахэ псом я дыгъэ!
Слушать бесплатно в исполнении Владимира Барагунова
ключевые слова: Мык1уак1уэри