Уэ сыножьэ

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Дыгъэр пшэхэм къызэпхедз,

Гугъапӏэ бзийхэр зэбгыредз.

Уэ зыращ си псэм хэпщӏар,

Къэзгъуэту зэ зфӏэкӏуэдыжар.

Уэ си гъэщӏэри пхьэхуат,

Уэрэду сэ усхуаусат,

Ауэ сфӏощӏ пщӏыхьым сыхэт,

Си лъагъуныгъэр сӏэщӏэзыхыр хэт…

Уэ сыноджэ — къызэплъыжыт зэ си дахэ,

Уэ сыножьэ — си нэгу къыщӏыхьэж,

Уэ сыноджэ — сызэлъэхъум согумахэ,

Уэ сыножьэ — си деж къэгъэзэж.

Лъагъуныгъи зыхуэтӏщӏат,

Гухэлъхэр дэ здэдгъэпэжат,

Ауэ сэ къысхуэмыщӏэж

Зи лъагъуныгъэр зыхэзыкъутэж.

Си гум ӏэфу укъинащ,

Уи нитӏыр пщӏыхьу къысхуэнащ,

Сыноджэж — умыпӏэщӏэж —

Уи ӏэплӏэр си пкъым зэ къегъэщӏэж.

Уэ сыноджэ — къызэплъыжыт зэ си дахэ,

Уэ сыножьэ — си нэгу къыщӏыхьэж,

Уэ сыноджэ — сызэлъэхъум согумахэ,

Уэ сыножьэ — си деж къэгъэзэж.

Источник: oredade.ru