Исполнители: Владимир Иванов
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Цӏыхубз гъащӏэр гугъущ, насыпи
Зиӏэ куэд, жи, къыфхэмыт, жи.
Псэукӏэщӏэм сыхьэтыпи
Фэ псэхупӏэ къывимыт, жи,
Фэ псэхупӏэ къывимыт, жи.
Бэзэр гъащӏэр дилъым хапщэ,
Цӏыхухэр дащӏыр дэ хъунщӏакӏуэ,
Зи насыпыр хъуащ дыгъуакӏуэ,
Имыӏэжу унэлъащӏэ къытенари мыфыз мащӏэ
Ди гъуэгущхьэӏухэм щыщӏэращӏу.
Бэзэр щӏыби вэкзал щӏыби
Лъэ увыпӏэ имыӏэжи,
Нэм илъагъур цӏыхущ, маршынэщ —
Яхэмытыр мэгуӏэжыр,
Яхэмытыр мэгуӏэжыр.
Бэзэр гъащӏэр дилъым хапщэ,
Цӏыхухэр дащӏыр дэ хъунщӏакӏуэ,
Зи насыпыр хъуащ дыгъуакӏуэ,
Имыӏэжу унэлъащӏэ къытенари мыфыз мащӏэ
Ди бэзэрхэм щыщӏэращӏу.
Выми шыми яхуэшэнкъым
Фэ хьэпшыпу къефлъэфэкӏыр.
Хэт и лъакъуэр къигъэшауэ,
Хэти и тхыр къыдишауэ
Фыслъагъухукӏэ мэхъу си жагъуэ.
Бэзэр гъащӏэр дилъым хапщэ,
Цӏыхухэр дащӏыр дэ хъунщӏакӏуэ,
Зи насыпыр хъуащ дыгъуакӏуэ,
Имыӏэжу унэлъащӏэ къытенари мыфыз мащӏэ
Ди гъуэгущхьэӏухэм щыщӏэращӏу.
Цирк утыкур хуит къыфхуащӏми
А сыхьэту бэзэр фщӏынкъэ,
Фщэ хьэпшыпхэми я уасэр
Бгъукӏэ, пщӏыкӏэ дэфхуеинкъэ,
Бгъукӏэ, пщӏыкӏэ дэфхуеинкъэ.
Бэзэр гъащӏэр дилъым хапщэ,
Цӏыхухэр дащӏыр дэ хъунщӏакӏуэ,
Зи насыпыр хъуащ дыгъуакӏуэ,
Имыӏэжу унэлъащӏэ къытенари мыфыз мащӏэ
Ди бэзэрхэм щыщӏэращӏу.
Фэ гугъуехьыр зыхэвмыщӏу
Фщэ хьэпшыпхэм къыщӏэфхари
Ирагъэкӏыр фи ӏэмыщӏэм
Фымыщӏэхэу изыхар, жи,
Фымыщӏэхэу изыхар, жи.
Бэзэр гъащӏэр дилъым хапщэ,
Цӏыхухэр дащӏыр дэ хъунщӏакӏуэ,
Зи насыпыр хъуащ дыгъуакӏуэ,
Имыӏэжу унэлъащӏэ къытенари мыфыз мащӏэ
Ди бэзэрхэм щыщӏэращӏу.
Фхъумэжынумэ фи жыпыр
Хэфлъхьэ занщӏу гъущӏ решоткӏэ,
Сыту жыпӏэмэ — хъумакӏуэм
Яӏыгъ бжэӏух гъущӏ ӏэтворкӏэ,
Яӏыгъ бжэӏух гъущӏ ӏэтворкӏэ.
Бэзэр гъащӏэр дилъым хапщэ,
Цӏыхухэр дащӏыр дэ хъунщӏакӏуэ,
Зи насыпыр хъуащ дыгъуакӏуэ,
Имыӏэжу унэлъащӏэ къытенари мыфыз мащӏэ
Ди бэзэрхэм щыщӏэращӏу.
Ди цӏыхубзхэ, фызэрымышхыу
Хабзэ гуэр дытевгъэувэжыт.
Щымыхъунукӏэ дымышхэу
Дыкъэфлъхуащи фэ дыфпӏыжыт,
Дыкъэфлъхуащи фэ дыфпӏыжыт.
Бэзэр гъащӏэр дилъым хапщэ,
Цӏыхухэр дащӏыр дэ хъунщӏакӏуэ,
Зи насыпыр хъуащ дыгъуакӏуэ,
Имыӏэжу унэлъащӏэ къытенари мыфыз мащӏэ
Ди бэзэрхэм щыщӏэращӏу.
Источник: www.oredade.ru
Скачать бесплатно MP3 в исполнении Владимира Иванова
ключевые слова: гъащIэ, гъащlэ, гъащ1э, гъаш1э