народная песня
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
1. Пыӏэ фӏыцӏэ мыгъуэр уи щыгубгъуэщ,
Дуней губгъуэ мыгъуэр къызоплъыхьри
Фӏыщэу слъагъу мыгъуэри тезмылъагъуэ мыгъуэ, уей.
2. Самолет мыгъуэри пшэм ныхохьэ,
Фӏыщэу слъагъу мыгъуэри си гум къихьэм,
Си щхьэр зесхьэурэ сынокӏуэж мыгъуэ, уей.
3. Сэ сефа мыгъуэурэ сымычэф,
Сысымаджэурэ ӏей сымыхъу,
Лъагъуныгъэ мыгъуэм сигъэгъуа мыгъуэщ, уей.
4. Пэшым сокӏуэ мыгъуэри гъуджэм соплъэ,
Сызоплъыж мыгъуэри си фэр макӏуэ,
Фӏыщэу слъагъу мыгъуэри дэнэ кӏуауэ пӏэрэ, уей?
5. Си касинкэ мыгъуэр жьым зэрехьэ
Лъагъуныгъэ мыгъуэм сызэрехьэ,
Хэт и пщӏантӏэ мыгъуэм сыдихьэну пӏэрэ, уей?
6. Сотӏысэх мыгъуэри уи гугъу сощӏыр,
Сотэджыж мыгъуэри согупсысэ,
Согъ, соусэри сыныппоплъэ мыгъуэ, уей!
Уэрэдыр дэзыгъэтхыжар Шордакъ къуажэм щыщ Тхьэмокъуэ Чэбэхъанрэ Гуащӏэ Женэрэщ.
Источник: https://zdamsam.ru/b45257.html
ключевые слова: пы1э ф1ыц1э