Шагъдий

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Си шы къарапцӏэу пцӏащхъуэу щӏэлъэтым

Ди губгъуэ куэщӏыр уи зэ ичыгъуэщ.

Уэ уи лъэ макъыу тхыдэм къыщыджэр

Лӏыгъэ макъамэм и джэрпэджэжкъэ!

Припев:

Адыгэш къабзэу сэ си шагъдий,

Шыщхьэмыгъазэу зынэукъуэдий!

Лӏыхъур уэрыншэм ӏэщэншэ къабзэт,

Уибзэм щыгъуазэм урибгъэ дамэт.

Лъэпкъым и гуауи уэ дэбгуэшакъэ,

Лъэпкъым и гуапи уэ ухэтакъэ.

Припев.

Шыгъажэ хъуамэ, щытхъур къыбохьыр -

Щӏыхьыр уохъумэ шагъдий лъэрыхьым.

Адыгэш къабзэу сэ си шагъдий,

Шыщхьэмыгъазэу зынэукъуэдий!

Припев.

Скачать MP3 в исполнении Амирхана Хавпачева

Ключевые слова: шэгдий, шагни