Сыныппоплъэр

Псалъэхэр зытхар - Къанкъул Фӏ.

Макъамэр зытхар - Зэрамыщӏэ З.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Лъагъуныгъэр къуршыпс уэрщ,

Абы сихьым сэ бжесӏэнщ:

«Ар зи ягъэр уэ зызакъуэрщ,

Дуней нэху».

Си псэм си пӏэр къопӏыщӏэкӏ,

Бжьыхьэ жэщыр зызошэкӏ,

Сыныппэплъэу умыжей,

Си дуней нэху.

Бжьыхьэ пшапэр зэхэуам,

Уи насыпым уӏууам,

Ар сэращи узблэмыкӏ,

Си дуней нэху.

Вагъуэ цӏыкӏухэм нащхьэ схуащӏ,

Зыкъашийурэ ауан уащӏ,

Сыныппэплъэу уэ уожейри,

Дуней нэху.

Хэт къысхуищӏ(ы)ми емыкӏу,

Уи цӏэр си гум щызогъэпщкӏу,

Мы ди тхьэшхуэр си щыхьэту,

Ягъэ кӏынкъым сызыхэх,

Си гур бампӏэм къыӏэщӏэх,

Сытым щыгъуи сыныппоплъэр,

Дуней нэху.

Источник: @zhygue

ключевые слова: бжес1энщ