Автор - Дина Харадурова
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Ди гъатхэ мазэм и дыгъэр гуащӏэу къопс,
Ди бжьыхьэ дыгъэм пщӏащэхэри докӏуэд.
Мыкӏуэдыжыну си лъагъуныгъэр
Фэеплъ пхузощӏыр сэ.
Гъащӏэр бдэсхьынущ сыбдэщӏэращӏэу,
Нэщхъей уэ сыкъомыщӏ.
Мы Ӏуащхьэмахуэ уэсри зэи темыкӏ,
Си гум имыкӏыр уи лъагъуныгъэращ.
Сыт къыпщыщӏари, къызжеӏэт псалъэ,
Ущӏэнэщхъейри сыт?
Фӏыурэ услъагъуу зыкъозгъэщӏащи,
Пагагъым нэр щӏесыкӏ.
Пщэдджыжь дыгъэпсым уэсэпсыр егъэгъущ,
Си гум имыкӏыр уи лъагъуныгъэращ.
Сызэхэщӏыкӏи гущӏэгъу къысхуэщӏыт,
Си псэри зыхьэхуа.
Уи лъагъуныгъэм сэ мафӏэ лыгъэу
Сытыресхьэж дунейм.
Источник: @zhygue
ключевые слова: гуащ1эу