Хэт епта си гъатхэр?

Слова: Бетал Бахов

Музыка: Умар Тхабисимов

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Жыжьэу хощэтыкӏ зы пшынэ макъ,

Сэщхьу ари гуауэм йоныкъуэкъу,

Лъагъуныгъэр зым хуэгъагъэу,

Зым темыкӏыу и псэм пшагъуэр

Гъащӏэр жэуапыншэу щхьэ зэхэлъ?

Гъатхэр нокӏуэ хъыбарыхьэ,

Къегъэзэж щӏымахуэ къехьри,

Хэт си гъатхэр тыгъэ зыхуэпщӏар?

Мазэр пшэ гуэрэным къыхосыкӏ,

Ди лъэс лъагъуэр нэкӏэ щӏызощыкӏ,

Ауэ лъагъуэм сэ теслъагъуэр

Уэ пхуэсщӏауэ сиӏэ гугъэрщ,

Ауэ гугъэм хэхъуэ фӏэкӏ хэмыщӏ.

Бахъсэныпсым зыхидзауэ

Мы сигу мафӏэр псым йозауэ,

Мыункӏыфӏмэ, тӏури дыхисхьащ.

Нэхущ вагъуэр лыду, мес, къыкъуокӏ,

Пхуэсщӏ гухэлъым ищӏкъым фэзэхъуэкӏ,

Вагъуэрщ дэ диӏар фэеплъу,

Къэбгъэзэжрэ абы уеплъмэ,

Нэпс щӏэбгъэкӏым сэ сыхэплъэгъуэнщ.

Бахъсэныпсым хиху акъужьым,

Хуэмытхьэщӏу си лъэужьыр

Ди лъэс лъагъуэр псыхъуэм къыдэзнащ.

Источник: книга Бахова Б.Т. «Танцует кабардинка»

Послушать в другом исполнении

Ключевые слова: хаупова джабраила гьатхэ, гьатхэр гатхэр