Айтэч
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Уэрейдэ, си джанэ хужьыр
Дахэурэ къыздоджэрэзри.
Джэгуми сызэрынэсу
Джэрэзу сыкъытехьэнщ.
Джэгуми сызэрынэсу
Джэрэзу сыкърифэнщ.
Дахэурэ си нэ фӏыцӏитӏым
Айтэчыр къыщӏэзгъэплъэнщ.
Гъунэгъуу ди Мухьэдиным
«Къыздэкӏуэ» сэри къызжеӏэ.
Дауэрэ сыныбдэкӏуэну?
Айтэчыр къэзгъэгугъащ.
Мухьэдин сыкъыщигъафэкӏэ
Айтэчыр хуэму къоплъэкӏыр.
Айтэчым лӏыгъэри хэлъмэ
Мухьэдин къыспигъэкӏынщ.
Айтэчым лӏыгъэ хэмылъу
Мухьэдин къыспимыгъэкӏмэ
А тӏуми сахуреныкъуэ –
Щӏалитӏри зыпызгъэкӏынщ.
Источник: @zhygue
Слушать бесплатно в исполнении Зары Цишевой
ключевые слова: къыщ1эзгъэплъэнщ